ЗэхъуэкIыныгъэхэр ягъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законхэмрэ халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм елэжьыну гупым и япэ зэIущIэр екIуэкIащ.
КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ самоуп­равленэмкIэ и комитетым и уна­фэщI Мэлбахъуэ Борис зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ ­КъБР-м и Парламентым и спикерым и унафэкIэ лэжьакIуэ гуп къы­зэрызэрагъэпэщар.
- ЛэжьакIуэ гупым я пщэ къыдэхуэ къалэнхэм я мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу абы хагъэхьащ къэрал властым и къудамэ псоми я лIыкIуэхэр: хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ, щIыналъэ, апхуэдэуи, кIэлъыплъакIуэ, суд ­къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ, щIэныгъэлIхэр.
- Гупыр зэлэжьынур Къэбэрдей-Балъкъэрым и Конституцэм и закъуэкъым, атIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэныр къигъэуву Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьхьэжа ­зэ­хъуэкIыныгъэхэм къару зэрагъуэтам ипкъ иткIэ, республикэ законода­тельствэм адэкIэ зэрызрагъэужьыну Iэмалхэми иужь итынущ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэжынум теухуа гупсысэхэр 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 1 пщIондэ дгъэхьэзырын хуейщ, - жиIащ Мэлбахъуэм.
ЗэIущIэм хэтахэр зэчэнджэщащ лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыну щIы­кIэм теухуауэ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.