Нэхъыжьхэм йохъуэхъу

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къызэригъэпэщащ «Звонок вете­рану» зыфIища Iуэхур. Накъыгъэм и ­9-м фракцэм хэтхэр телефонкIэ ехъуэхъуащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм. А Iуэхур да­Iыгъащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэрэ абы и къуэ­дзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ.

Егоровэ Татьянэ ехъуэхъуащ Герасименкэ Нинэ, Юрковхэ Анатолийрэ Александрэрэ.
Герасименкэ Нинэ Тамбов областым къыщалъхуащ. ЕпщIанэ классыр къиу­хауэ  зауэр къэхъеящ. Хъыджэбзыр 382-нэ батальоным и 56-нэ гуп щхьэхуэм хэту къулыкъу щищIащ хьэуа кIэлъыплъыныгъэмкIэ, хъыбар егъэщIэнымрэ зэпы­щIэ­ны­гъэхэмкIэ дзэхэм. Диспетчеру, шифрхэм ирилажьэу ар щытащ. Герасименкэ къы­хуагъэфэща дамыгъэхэм яхэтщ ­«Ста­­линград зэрихъумам папщIэ» медалыр.
Зауэ нэужьым бзылъхугъэр егъэджэ­ныгъэ Iуэхум хэтащ. 1950 гъэхэм урысыбзэр щригъэджащ Налшык дэт милицэ школым (иджы Урысейм и МВД-м и Краснодар университетым и Кавказ Ищхъэрэ къудамэщ). Псори зэхэту бзылъхугъэр егъэ­джакIуэу лэжьащ илъэс 70-кIэ. 2017 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр.
Юрков Анатолий и ныбжьыр илъэс 18-м иту арат и адэм и гъусэу зауэм щыдэкIам. Хэку зауэ  орденым и япэ нагъыщэр, «И хахуагъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэ­щIхэри къратащ. Зауэ нэужьым Анато­лий водителу щылэжьащ «Севкавэлектроп­рибор» заводым. ГъащIэ гугъу иIащ Юрковэ Александри - ар нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэм я концлагерым ихуауэ щытащ.
Егоровэ Татьянэ нэхъыжьхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ коронавирусым и зэранкIэ иджыпсту къэралыр зэрыт щытыкIэр мыхъуамэ, адрей илъэс­хэми хуэдэу, абыхэм яхуеблэгъэну мурад дахэ зэраIар.
- Дауи, нэхъ Iэтауэ дгъэлъэпIэну ды­хуеящ ТекIуэныгъэ Иныр, ауэ абы щхьэкIэ ди гукъыдэжыр едгъэхуэх хъунукъым. Дропагэ зэгуэр зэкъуэува ди цIыхубэм, щхьэхуитыныгъэр тхуэзыхъумахэм. Нобэ иджыри зэ зэхэфхыну сыхуейщ ди нэ­хъыжь­хэм пщIэшхуэ зэрыфхуэтщIыр. Тхьэр арэзы къыфхухъу вжыдоIэ ТекIуэ­ныгъэмрэ ди щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэф-щIам папщIэ. Узыншагъэ быдэ фиIэну дынывохъуэхъу, - жиIащ Егоровэ Татьянэ Герасименкэ Нинэ щепсалъэм.
Юрков Анатолий щехъуэхъум, Егоро­вэм къыхигъэщащ: «ТекIуэныгъэм и махуэш­хуэ куэд иджыри зэдэдгъэлъэпIэну ды­хуейщ. ФIыщIэ фхудощI, къытхуэфщIам и мыхьэнэр  зэрыиныр зыхэтщIэу. ГуфIэ­гъуэ куэд флъагъуну, мамыру, бэ­Iу­тIэIуншэу фыпсэуну ди гуапэщ».
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къыхигъэщащ зэман гъунэгъум дунейр зэтес хъужу, нэхъыжьыфIхэм яхуэфа-       щэу ехъуэхъунум зэрыщыгугъыр. Апхуэ­дэуи ар щIэупщIащ ветеранхэм я узыншагъэр зыхуэдэм, яIэ гугъуехьхэм, нэгъуэщI­хэми.
«Звонок ветерану» Iуэхум хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэтхэу Къанокъуэ Арсен, Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Щхьэгуэш Адэлбий, Геккиев Заур, Марьяш Иринэ сыми.
 

 

БЕЛГЪЭРОКЪУЭ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.