ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я лэжьыгъэхэр. Ахэр Сокъур Каринэ, Кантиев Заурбэч, ПIаз Iэминэ, Романовская Ленэ, Атэлыкъ Мариам, Гузеевэ Наидэ, Бадэ Алим, Жэбалы Заирэ, Иуан Рустам сымэщ.

КъБР-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэм и унафэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ гъэлъэ­гъуэныгъэр къыщызэIуихым  и псалъэм къыхигъэщащ ­выс­тавкэм лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэнхэр, щхъуэкIэплъыкIэхэр утыку къызэрыщрахьар. Ар художникхэм ехъуэхъуащ ­ехъу­лIэныгъэ яIэну, я зэфIэкI­хэм хагъэхъуэну, апхуэдэ лэ­жьыгъэхэмкIэ республикэм исхэр иджыри куэдрэ ягъэгуфIэну!
Гу зылъыптэращи, лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм гъатхэмэ къапихым хуэдэщ. Со­къур Каринэ и Iэдакъэ­щIэкI­хэм адыгэбзэкIэ и гупсысэхэр зэрытритхэр щIэщыгъуэщ. Шэч хэлъкъым ар зылъагъу­хэм, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъу­ми, гъуазджэм къыдэкIуэу анэ­дэлъхубзэми гулъытэ зэ­рахуригъэщIым. 
«Налшык» авиамодельнэ клубым и унафэщI Кантиев Заурбэч и дэтхэнэ зы лэжьыгъэри арт-объект пэлъытэщ. Техникэм фIыуэ хэзыщIыкI, къэхутэныгъэ Iуэхум хуэмыхамэ щIалэм бгъэдэлъ зэфIэкI­хэр щIегъужри, гъуазджэр егъэбей. И лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр кхъухьлъатэхэм, къэ­зылъэтыхь нэгъуэщI Iэмэ­псы­мэхэм къытрищIыкIащ. 
Атэлыкъ Мариам гъащIэм зыгъэгузавэ, махуэ къэс зрихьэлIэ Iуэхугъуэхэрщ и сурэтхэм къыщигъэлъагъуэр. И лэ­жьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр зэ­хэщIыкIыгъуафIэщ.
Гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэдым (сурэт щIыным, графикэм, сурэтхэр техыным) пэ­лъэщ Гузеевэ Наидэ ящыщщ зэпымыууэ щIэ къэзылъы­хъуэхэм. Абы и лэжьыгъэ­хэмрэ хьэпшыпхэмрэ нэхъри щIэщыгъуэ пщызыщIыр ахэр пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм къызэрыхищIыкIымрэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зэры­гъунапкъэншэмрэщ. Сурэ­ты­щIым зэманым зэрызыдригъэкIур, щIэм зэрыдэбакъуэр нэрылъагъущ.
Художник икIи егъэджакIуэ Аккизов Керим жиIащ выс­тавкэм хыхьэу зи сурэтхэр ягъэ­лъагъуэ художникхэм гуп­сы­сэ щIэщыгъуэ зэраIэр      я лэ­жьыгъэхэм къызэра­гъэ­на­Iуэр, ахэр зылъагъунухэр зэ­рыдахьэхынум, япэгъу­нэгъу гуэрхэр къызэрыща­гъуэ­ты­нум, гупсысэм зэры­хашэнум шэч къызэрытримыхьэр.
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тураев Рус­там зи лэжьыгъэхэр зыгъэ­лъагъуэхэм ехъуэхъуащ. Су­рэтыщIхэм Аккизов Керим фIыщIэ хуащIащ выставкэр къызэрызэригъэпэщам пап­щIэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.