АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭ

«Пушкиным и картэ» урысейпсо щэнхабзэ проектым и фIыгъэкIэ, КъБКъУ-м и студентхэм накъыгъэм и 30-м Iэмал яIащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и концертым еплъыну. 
Адыгэ цIыхубэ къафэр дуней псом щагъэлъагъуэурэ цIэрыIуэ хъуа а къэфакIуэ ансамблыр Кавказ Ищхъэрэм и гуп нэхъыжьхэм ящыщщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм а ансамблыр къилъытащ адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэу. Гупым и дэтхэнэ зы концертри щэнхабзэ махуэшхуэу ябж. 
КъБКъУ-м Сокуров Александр и цIэр зезыхьэ и киноконцерт пэшым ансамблым щигъэзэщIащ «Адыгэ», «Къафэ», «Ислъэмей», «Удж хэш» къафэхэр. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Алэкъей Азэмэт къамэхэр игъабзэу игъэзэщIа къафэр, «Сказание о рождении лошади кабардинской породы шагди» къафэ теплъэгъуэр, Лермонтов Михаил и «Герой нашего времени» тхыгъэм къытращIыкIа «Отверженный» спектаклыр. Апхуэдэу Iэгуауэ ин хуаIэтащ ансамблым и уэрэджыIакIуэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ ХьэхъупащIэ Амырхъани. 
Ансамблым дэтхэнэ и зы къафэри къызэрымыкIуэу екIущ. Дауи, ар зи фIыщIэр къэфакIуэхэм я нэхъыжьыфIхэрщ. Гупым ядолажьэ я художественнэ унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр зыхуагъэфэща Атэбий Игорь, КъБР-м и цIыхубэ артист, балетмейстер нэхъыщхьэ Битокъу Аслъэнбэч, балетмейстерхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Атэбий ФатIимэрэ Балъкъэр Аслъэнрэ. Музыкэ унафэщIыр Балъкъэр Казбекщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.