СУРЭТЫЩI НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР

Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр. 

Зэхьэзэхуэм гъэ къэс нэхъри зэрызиубгъум и щыхьэту, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ис сабийхэм я лэжьыгъи 100 хагъэ­хьащ музейм щагъэлъагъуэхэм. 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм художественнэ егъэ­джэныгъэмкIэ и Методикэ центрым и унафэщI Бэрбэч Бес­лъэн зэIущIэ гуапэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ художник ныбжьыщIэхэр зэпымыууэ зэ­рылажьэр, я зэфIэкIым зэрыхагъахъуэр, Ткаченкэ Андрей и цIэкIэ къызэрагъэпэща зэхьэ­зэхуэм къагъэхьа сурэтхэмкIи ар зэрынэрылъагъур. 
- ЕгъэджакIуэхэмрэ унэтIа­кIуэ­хэмрэ я илъэсым къызэрагъэпэща зэпеуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ткаченкэ Андрей егъэджакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэу, а IэщIагъэм и щапхъэу щытащ. Къэбэрдей-Балъ­къэрым и щэнхабзэмрэ ­гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ, ди республикэм и цIэр ди къэралми хамэ къэралхэми щызыгъэIуа сурэ­тыщI куэд игъэсащ, - жиIащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат су­рэтыщI ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ цIыхубэр зэрыгушхуэн ехъу­лIэныгъэхэр яIэну, ди щIыналъэр щIыпIэ жыжьэхэм щагъэIуну. Сабийхэм я зэфIэкIхэр къызы­къуахынымкIэ ядэIэпыкъу я адэ-анэ­хэмрэ егъэджакIуэхэмрэ фIы­щIэ яхуищIащ. 
Налшык округым и Чристэн члисэхэм я благочиннэ Бобылев Валентин жиIащ зэпеуэм и щIыб лэжьыгъэшхуэ зэры­дэлъыр. Абы ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ къы­зыхэкIа лъэп­къым, я щIыналъэм хуэщ­хьэпэу, хуэпэжу къэ­хъу­ну.
Мэздэгу къалэм и художественнэ школым и унафэщI Лобковэ Наталье къыхигъэщащ илъэсипщIым щIигъуауэ я гъэсэнхэр мы зэпеуэм я зэфIэкI зэрыщеплъыжыр, абы и фIыгъэкIэ я Iэзагъэм зэрыхагъахъуэр. Наталье къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къэп­щы­такIуэхэмрэ фIыщIэ яхуи­щIащ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм я цIэ абдеж къыщраIуащ икIи щагъэлъэпIащ. КъыжыIапхъэщ, мы гъэм абы иджыри IуэхугъуитI зэ­рыхагъэхьар: композитор цIэ­рыIуэ Рахманинов Сергей илъэси 150-рэ зэрырикъумрэ зи узыншагъэм къимыхь сабийхэм я зэ­фIэкIхэр къагъэнэIуэным теухуамрэ. Ткаченкэ Андрей ипхъу Маринэ КъБР-м и Iэтащхьэм, ­ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, зэ­пеуэр къызэзыгъэпэщахэм фIы­­щIэ яхуищIащ.
Илъэс 15 хъуащ мы зэпеуэр зэ­раублэрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар щхьэпэщ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм  щыпсэухэр зэры­цIыхунымкIэ, ныбжьыщIэхэм я  Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ,  ныбжьэгъу зэхуэхъунымкIэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.