ДУНЕЙ ПСОМ И ЧЕМПИОН ДИ ЛЪАХЭГЪУХЭР

Iэпщэрыбанэ зэзауэм (IF FCF) и Дунейпсо Федерацэр 2003 гъэм Кисловодск къыщызэрагъэпэщауэ щытащ икIи СНГ-м и къэралыгъуэу 8-м къыщызэдащтат. Ар мы гъэм илъэс 20 зэрырикъум ирихьэлIэу ЕсэнтIыгу щекIуэкIащ зэпеуэшхуэ­хэр. 

Накъыгъэм и 20 - 21-хэм зэхэтахэм зыкъыщызыгъэлъэ­гъуа ныбжьыщIэхэр гупихыу ягуэшат (илъэси 8-9, 10-11, 12-13, 14-15, 16-18, 19-мрэ нэхъыжьыIуэхэмрэ).
ЕхъулIэныгъэшхуэхэр къагъэлъэгъуащ «Эльбрус-Нальчик» зэуакIуэ клубым и гъэсэнхэм. Илъэс 12 - 13 хъу, килограмм 34-рэ зи хьэлъагъ гупым къахэщхьэхукIащ КъарэцIыкIу Алий. Илъэс 19 ирикъуа, килограмм 77-рэ зи хьэлъагъ гупым щыщу текIуэныгъэр къихьащ Борий Къантемыр. 
Домбеякъ медалхэр къыхуагъэфэщащ Гелоев Эмирхъанрэ (илъэси 10 - 11) Сомгъур Шамхъанрэ (илъэс 12 - 13). Ахэр зэ­хьэ­зэхуэм хуэзыгъэхьэзырар Къаныкъуэ Ренатрэ Къэлэмэт Амиррэщ. 
КъищынэмыщIауэ, Федерацэм и тхьэмадэ Ермаков Сергейрэ абы и къуэдзэ Ермаков Александррэ къыхагъэщащ зэхьэзэхуэм хэта спортсмен ныбжьыщIэхэм я гъэсакIуэхэри. Апхуэдэу, «Эльбрус-Нальчик» клубым и гъэсакIуэ Къаныкъуэ Ренат бгы­рыпх фIыцIэм и 4-нэ даныр къыхуагъэфэщащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэпщэрыбанэ зэзауэм зэрызригъэужьым папщIи ­медалкIэ хаIэтыкIащ. 
ГъэсакIуэ щIалэщIэм и ехъулIэныгъэхэр диIыгъащ Ренат и адэ, ар зыгъэсэжа Къаныкъуэ Заур. 
 

Шэкэм Виктор.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.