АДЫГЭШХЭР УТЫКУ КЪОХЬЭЖ

Мыгъэрей ещанэ шыгъэжэгъуэр нобэ, накъыгъэм и  27-м, йокIуэкI. Абы лIэужьы­гъуийкIэ къыщагъэ­жэнущ хьэ­рып, адыгэ, инджылыз шы лъэпкъыгъуэхэр.

Хабзэ зэрыхъуам тету, ар зэрызэкIэлъыкIуэнум щыгъуа­зэ фыхуэтщIынщ. Метр 1400-рэ зи кIыхьагъым илъэсищ зи ­ныбжь шищ къыщызэдагъэжэнущ. Абы хэтщ ехъулIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэзы­хьахэри, зэкIэ зи цIэ мыIуауэ. Хэт ищIэрэ, гъэщIэгъуэн къэ­хъунри хэлъщ, ауэ и нэхъыбэм текIуэныгъэ къихьыну зыхуа­гъэфащэр Аксесс пцIэгъуэп­лъырщ.
Метр 1600 гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ зэпеуэнущ илъэсищ зи ныбжь хьэ­рыпышу тху. Абы щыте­кIуэну зыхуагъэфащэр, уеблэмэ, адрейхэр къыдэзымыгъэплъыну къалъытэр Сальмэ пцIэ­гъуэплъырщ. Ар Талащенкэ Юрий ейщ. А шыр куэд щIакъым къызэрагъажэрэ - тхуэней къудейщ зэхьэзэхуэм зэ­рыхэтари, тIэуней саугъэт къихьащ.
Метр 1200-м къыщызэдагъэжэнущ зи ныбжьыр илъэсищ икIи нэхъыжь инджылыз шипщI. Абы хэтынущ псом ­нэхърэ нэхъыжь, шыгъэжапIи­тхум зэхэту 23-рэ къыщыжа, текIуэныгъэ щэней къэзыхьа, 12-рэ саугъэт зрата, АкценткIэ зэджэ шыр, Цыцаев Сулимэ и ейр. Аращ нэгъабэ Налшык щекIуэкIа шыгъажэм «Iуащхьэмахуэ и Кубок»-мрэ абы щIы­гъуа сом мелуан ахъшэ саугъэтымрэ къэзыхьар. Къи­щы­нэ­мыщIауэ, мы зэдэжэм хэ­тыну Ту ЭвересткIэ зэджэ шым (Ка­ракотов Мурат ейм) Псы­хуабэ те­кIуэныгъэ къыщихьащ. Хэт ищIэн, иджыри ехъулIэ­ныгъэ Налшык щиIэнкIэ хъунщ. Ауэ мыбдеж, и нэхъыбэм къы­зэралъытэмкIэ, псом нэхъ лъэ­ры­зехьэр Чехием щыцIэрыIуэ, те­кIуэныгъэшхуэу щы къэзы­хьа, Бухтияров Валентин и «Ирландец» шырщ.
Адрей зэдэжэнухэм къахэбгъэщ хъунущ адыгэшхэр. Иужь дыдэу мыхэр щызэпеуар ­илъэсищкIэ узэIэбэкIыжмэщ. Иджып­сту Налшык шыгъэжапIэм адыгэшу 52-рэ иIыгъщ. Мы зэпеуэм щхьэкIэ Сэкрэкым и шы заводым сом мини 100 ­игъэуващ. Шууейхэм адыгэ фащэ ящыгъынущ.
ИтIанэ илъэсищ зи ныбжь инджылызышу 11 къызэдагъэжэнущ. Мыбдеж Сэкрэк Заур и «Альфаиз»-р текIуэну хуагъэфащэ. Мыпхуэдэ зэ­пеуэм ар зэ щытекIуакIэщ. Абы къыпеуэнухэм ехъу­лIэ­ныгъэр зищIысыр зэкIэ къащIакъым.
Адрей къызэдэжэнухэм я ­гугъу фхуэдмыщIми гурыIуэ­гъуэщ шыгъажэр зэшыгъуэ ­зэ­рымыхъунур. Сабийхэм папщIэ джэгупIэ зэмылIэужьы­гъуэхэр лэжьэнущ.
Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщхэм я гуапэу фрагъэблагъэ.

 

ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.