Музейхэм я жэщ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Музейхэм я жэщыр щагъэлъапIэ, накъыгъэм и 20-м ирихьэлIэу зэхыхьэ щIэщы­гъуэхэр къызэрагъэпэщ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным хухэха «Культура.РФ.» порталымрэ зэщIыгъуу. Мы гъэм а Iуэхур тхыдэм нэхъ тегъэщIауэ щытащ. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, а пщы­хьэщхьэм музейхэр, сурэт галерее­хэр, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр мэ­лажьэ. Ахэр зыхущIэкъури цIыху нэхъыбэ ­кърашалIэу, псом хуэмыдэу щIалэ­гъуалэр, хуэсакъыу яхъумэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр, хьэпшып лъапIэхэр ягъэ­лъэгъуэну, щапхъэу къалъытэ цIыху цIэрыIуэхэр, лIыхъужьхэр ирагъэ­цIыхуну, тхыдэ къэхъугъэхэм хагъэ­гъуэзэну аращ. 
Республикэм и къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ мы жэщым Iуэху зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр къыхузэрагъэпэщащ, я ныбжьми зыпэрыт лэжьыгъэми емы­лъытауэ псоми гъэщIэгъуэн ящы­-хъуну. Псалъэм папщIэ, КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ «Музейхэм я жэщыр». Музейм и пэIущIэ пэшым щагъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым и музей Iуэхум и тхыдэм, Лъэпкъ музейм и лэжьыгъэр зэ­ры­зэфIагъэувам, абы и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхухэм ятеухуа «Наши педагоги-наставники», «Кабардино-Балкария. Путь через века» выставкэхэр.
Музейм и къудамэм и унафэщI ­Къантемыр Ларисэ зэрыжиIамкIэ, нэхъапэм музей Iуэхум зы щIыпIи ущы­хурагъаджэу щытакъым. Абы къыхэ­кIыу музейм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэр абыхэм япэ итахэрщ Iуэхум хэзышар. 
- Ди музейм и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ выставкэм хэдгъэхьа дэтхэнэ цIыхуми теухуа тхыгъэхэм, - къыхигъэщащ Къантемыр Ларисэ. - Музей фондыр къызэзыгъэпэщар, цIыхухэр музейм къезышэлIар ахэращ. Мы выставкэхэм дэркIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ди япэ ита ди лэжьэгъу­хэм я Iуэхум пыдощэ, абыхэм я чэнджэщ щхьэпэхэр ноби къыдогъэ­сэбэп. Къэбгъэлъагъуэмэ, мис Къат­хъэн Назир и сурэтыр. «Къэбэрдей» газетым и зы къыдэкIыгъуэщ, «Адыгэ лъэпкъ музей» тхыгъэр къы­зытехуар. Абы Къалмыкъ БетIал цIы­хубэм защыхуегъазэ музейм пасэрей хьэпшыпхэр щIалъхьэну. 
АдэкIэ Къантемыр Ларисэ тепсэ­лъыхьащ музейм и унафэщIхэу Ермоленкэ Макар, Къуэныкъуей Му­-хьэж сымэ яхузэфIэкIам. 
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Звёзд­-нэ къуажэм къикIа еджакIуэхэм Лъэпкъ музейм и къудамэм и уна­фэщI Буринэ Миленэ яригъэлъэ­гъуащ «Кабардино-Балкария: путь че­рез века» выставкэр. Музейм и япэ къатым щагъэлъагъуэ «Рерихи и Кавказ», етIуанэ къатым - «Налшык - зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэхэр.
Лъэпкъ музейм и фондым щахъумэ хьэпшыпхэр къызытещ пощт картэ­-хэр а махуэм «ягъэсащ». КъыкIэ­лъы­кIуэу, Iуэхум хыхьэу ягъэпэжащ Лъэпкъ музейм дэлажьэ ныбжьыщIэ жыджэрхэр. Лъэпкъ музейм и щIыхь тхылъыр иратащ сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием и еджакIуэхэм, «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и гъэсэнхэм. 
Музейм и унафэщI Накуэ Феликс къытеувыIащ иджыпсту зэлэжь гъэ­лъэгъуэныгъэм, республикэм щып­сэу лъэпкъхэм ятеухуауэ щытынум.
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейми щагъэуващ «История, эпоха, люди» выставкэр.
Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ фэеплъ унэ-музейм щекIуэкIащ «Школа не была их работой. Школа была их жизнью» зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Бэрэгъунхэ я егъэджакIуэхэм. 
Котляревскэ станицэм и музейм щагъэлъэгъуащ «Здесь живёт история» выставкэр. Абы щатащ «Счастье своими руками» мастер-классыр. Зэхыхьэр щиухым абы хэтахэр ирагъэплъащ «Новь станицы Котляревская» фильмым.
Прохладнэ къалэми щыпащащ урысейпсо зэхыхьэхэм. Къалэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм щекIуэкIащ «Учитель, перед именем твоим» зэIущIэр. Шэджэм къалэм КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ и тхыдэ-лъахэхутэ музейм щекIуэкIащ «Пока черкесским веет ветром, сиять мне пламенным огнём» зэIущIэр. Кулиев ­Къайсын и цIэр зезыхьэ фэеплъ ­унэ-музейм щызэхэтащ «Солдаты Победы» гукъэкIыж пшыхьыр. Гундэлэн къуажэм Отаров Омар и цIэр зезыхьэ и тхыдэ-лъахэхутэ музейм щагъэлъэгъуащ «История одной коллекции» зыфIащар. Май райо­ным и тхыдэ-­лъахэхутэ музейм щекIуэкIащ «Педагог - не звание, педагог - призвание» лекцэр. Дзэлы­къуэ районым и тхыдэ-лъахэхутэ музейм - «История селений Лесгор и Бруненталь» пшыхьыр. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтхэр  КЪАРЕЙ Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.