Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, тхакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэрэ («Гум и псысэхэр») КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ Мусукаевэ Сакинатрэ («Когда летаешь, нельзя бояться») я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм ятеухуа зэIущIэ.
Гъэ кIуам и кIэхэм, Урысей тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ тхылъ тедзапIэхэм я Ассоциацэмрэ «Местоимения» фIэщыгъэм щIэту ирагъэжьа проектым хэту, Москва къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
Къаныкъуэ Заринэ и тхылъым усэхэмрэ пьесэхэмрэ адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ итщ. Мусукаевэм ейм и рассказхэмрэ повестхэмрэ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ щызэхуэхьэсащ.
ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Лъэпкъ библиотекэм и Лъахэхутэ къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэщ. Пшыхьыр зращIэкIа тхылъхэм адыгэ, балъкъэр литературэхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр щыжаIащ абы. ТIуми иджырей гъащIэм щыпсэухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къатIэщI, гукъеуэ нэхъыщхьэхэр сэтей къащI, хэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ. Ауэ щыхъукIи, тхакIуэ бзылъхугъэхэм я хъэтI щхьэхуэ, я образ зэфIэгъэувэкIэ, гупсысэ къэIуэтэкIэ зэраIэжыр къагъэлъэгъуащ къэпсэлъахэм.
«КъБР-м и радиом» и унафэщI Мэремкъул Ларисэ жиIащ тхылъитIми я фIэщыгъэм къызэрымыкIуэу узэрыдахьэхыр, абыхэм уеджэну укъызэрыхураджэр. Мэремкъулыр тепсэлъыхьащ лъэпкъ литературэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэм, я нэхъыщхьэри - зэдзэкIакIуэ дызэримыIэрщ. Абы и IуэхукIэ ар мызэ-мытIэу щыIащ Москва къалэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм. Апхуэдэ зым ар ирихьэлIат я анэдэлъхубзэкIэ тхэуэ - урысыбзэкIэ зэрадзэкIа тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, абыхэм яхэтт адыгэ жыIэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Семэн Руслан и тхылъыр.
- Къаныкъуэ Заринэ и усэхэр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIыу щыта Яропольский Георгий ар зэрызэхищIыкIыр, къызэрыгурыIуэр шэч къызытумыхьэжынт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэзэу къехъулIэрт. ТхакIуэ бзылъхугъэхэм я ехъулIэныгъэр ахэр къызыхэкIа лъэпкъхэм я ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ, - жиIащ Мэремкъулым. Ларисэ къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас 1991 гъэм зыхэта радио нэтыным щыщ пычыгъуэм - лъэпкъ литературэм, абы и пщэдейрей махуэм зэрыщытепсэлъыхьам, Къаныкъуэ Заринэ адыгэ литературэм зэрыхуэнабдзэгубдзаплъэр, куэдым гу зэрылъитэр, ар узыщыгугъ хъунухэм ящыщу къызэрилъытэм.
Заринэ и къэухьым зиужь, и зэфIэкIым, Iэзагъым хигъахъуэ зэпытщ. Ар усыгъэми, прозэми, драматургиеми, сценарий тхынми, зэдзэкIынми, публицистикэми хуэIэзэ хъуащ, и цIэр къыщIраIуэн тхыгъэхэр иIэщ.
«Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэр» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье жиIащ мы тхылъхэм я «лъэтеувэ» Москва щекIуэкIам зэрыхэтар.
- СыщIэгуфIар бзылъхугъэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэм я закъуэкъым, апхуэдэ тхакIуэхэр дызэриIэм къызэрымыкIуэу гушхуэныгъэ ин къысхилъхьащ. Мусукаевэ Сакинат и прозэр урыс щIэджыкIакIуэм дежкIэ тыгъэ лъапIэщ. Сэ абы седжа иужькIэ тхакIуэм и Iэзагъ куэд згъэунэхуащ. Тхылъым ихуа тхыгъэхэр куущ, куэд къызэщIэзыубыдэщ, абыхэм балъкъэр лъэпкъым и тхыдэр дахэу къыщыгъэлъэгъуэжащ. Пэшым щIэс щIалэгъуалэр абы къеджэну сыхуейт, быдэу си фIэщ мэхъу ар фигу зэрырихьынур, щхьэж езым пэгъунэгъу гуэр къызэрыщигъуэтынур. ФефIэкIуэну, ехъулIэныгъэ куэдхэмкIэ дывгъэгуфIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ Шинкарёвэм.
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Моттаевэ Светланэ къыщыпсалъэм жиIащ пшыхьым щагъэлъапIэ тхакIуэхэм лъэпкъ литературэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуащIар.
Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм и къудамэм и унафэщI Ахаевэ Ларисэ Мусукаевэм и тхыгъэ зыбжанэ зэридзэкIащ.
- ТIуми я тхылъхэм фIащам мыхьэнэ куу яIэщ. Къаныкъуэри Мусукаевэри прозэми усыгъэми хуэIэзэщ. Абыхэм я псалъэ къэс гум къызэрыбгъэдэкIыр арагъэнщ апхуэдиз гупсысэм ущIыхуашэр. Къаныкъуэ Заринэ тхакIуэ, усакIуэ къудейкъым, абы цIыхугъэшхуэ хэлъщ, ар си щхьэкIэ згъэунэхуа Iуэхугъуэщ. Мусукаевэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ куэд учебникхэм ирагъэуващ, и тхыгъэхэр щIэблэр щыбгъасэкIэ куэду къыпхуэщхьэпэнущ, - жиIащ Ахаевэм.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.