Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм къриубыдэу ди лъэпэгъу мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ е емынэмрэ таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцIалэхэр къахыхьэри, абы илIыкIащ, тенджызым щIилъэфа кхъухьхэм исахэри мин бжыгъэкIэщ къызэрабжыр.
Нобэ ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым я бжыгъэм ущIэупщIэмэ, къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэр зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыбэм жаIэр цIыху мелуани 3,5-рэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар пэжькъым, Тыркум и закъуэ адыгэу мелуани 7,5-рэ зэрыщыпсэур къэплъытэмэ.
Адыгэу дунейм текъухьахэр зыхуэдизыр зэгъэщIэным теухуауэ иужьу (2021 гъэм) ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ:
Тыркум - мелуан 1,5-рэ.
Урысей Федерацэм - 751487-рэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым - 529747-рэ,
Адыгейм - 111677-рэ,
Къэрэшей-Шэрджэсым - 579463-рэ,
Краснодар крайм - 19491-рэ,
Ставрополь крайм - 9779-рэ,
Москва къалэм - 4093-рэ,
Осетие Ищхъэрэм - 2389-рэ),
Иорданием - 270000-рэ,
Сирием - 75000-рэ,
Иракым - 44000-рэ,
Ливием - 30000-рэ,
Сауд Хьэрыпым - 29000,
Германием - 16000-рэ,
Мысырым - 13000-рэ,
США-м – 13200-рэ,
Палестинэм - 4700-рэ,
Израилым - 3400-рэ,
Сербием - 2100-рэ,
Узбекистаным - 1900-рэ,
Украинэм - 1000,
Австралием - 1000,
Болгарием - 500,
Мадагаскарым - 190-рэ.
Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи Хэкум ираша мухьэжырхэмрэ Мысырым 1390 - 1517 гъэхэм тепщэгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм-рэ «адыгэ» (черкес) хужаIэу щыIэщ хамэ къэралхэм. Урысейм и щIыналъи 6-м нэхъ зэуIуу щопсэу адыгэхэр: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием (Мэздэгу щIыналъэм).
ЩIэныгъэлIхэм къраIуэ бжыгъэхэм дзыхь хуамыщIу, езыр-езыру къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIалэгъуалэ жы-джэрхэр диIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абыхэм къахутари ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм фIыуэ къащхьэщIокI.
Пшахъуэр къигъэсэбэпурэ сурэт зыщI ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэхекIухь ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэр икIи Европэм, Африкэм, КъухьэпIэмкIэ щыIэ адыгэхэм яIуощIэ. «Си лъэпкъым и бжыгъэр зэрагъэмащIэр, адыгэр лъэпкъ мащIэхэм дызэрыхабжэр си гум идэркъым. ЩIэныгъэр зи гъуазэхэм я пщIыхь къыхэхуэххэркъым дэ мелуани 10 дызэрыхъур!», - жеIэ Щауэмыр.
Адыгэу дунейм тетыр зы щIыналъэ щыпсэуну зэхуэсыжауэ ди нэгу къыщIэдгъэхьэнщ зы дакъикъэкIи, Европэм и къэралыгъуэ куэдым исым нэхърэ нэхъыбэ дыхъуу дыпсэунут. Псалъэм папщIэ, Швейцарием цIыху мелуани 8,3-рэ щыIэу аращ. Болгарием, цIыху мелуани 7,2-рэ, Сербием - мелуани 7,1-рэ, Латвием, Литвам, Эстонием зэхэту - мелуани 6,2-рэ, Данием - мелуани 5,7-рэ, Финляндием - мелуани 5,5-рэ, Норвегием - мелуани 5,2-рэ, Ирландием - мелуани 4,6-рэ, Монголием - мелуани 2,9-рэ. ЗэрытщIэщи, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зыми емылъытауэ, экономикэ щхьэхуэ яIэу, заужьауэ апхуэдэщ. Уеблэмэ, къалъхур щыкуэд Таджикистаным, Къыргъызым, Тыркумэным, языныкъуэ хьэрып къэралыгъуэхэм щыпсэуркъым апхуэдиз.
«Мелуани 10 хъу лъэпкъым нэмыплъ ептыныр тэмэмкъым. А мел-уани 10-м сыт хуэдиз политик, дзэпщ, щэнхабзэмрэ бзэмрэ я лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, IэщIагъэлI яхэт?! Адыгэм Иордание пащтыхьыгъуэм къыщыхуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ сыт и уасэ!» - пещэ ГъукIэпщокъуэм.
Фырэ Анфисэ.