ЛЪЭХЪЭНЭ ШЫНАГЪУЭМ ПХРЫКIЫФАХЭР

Сыт хуэдэ лъэпкъми иIащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкIыфам дунейм увыпIэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икIи дэтхэнэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкIи лъапIэщ ахэр. Адыгэр тенджыз ФIыцIэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ ­илъагъужыну. АрщхьэкIэ лъэпкъ уардэм и щIэблэр абыи къызэпрыкIыжыфащ, и Хэкум и фэеплъу ихъума хъугъуэфIыгъуэхэри (адыгэ хьэп­шыпхэр) къызэпришыжыфащ. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм къэзыгъэзэжауэ илъэс куэд щIауэ щыпсэу, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид. 

Нэхъыжьым зэхуихьэсыжа, ихъума дэтхэнэ хьэпшыпми адыгэ унагъуэр зэрыпсэууэ щытар уи нэгу щIагъэкIыфынущ. Псалъэм папщIэ, зэрыдэу щыта машинэм зы цIыхубз IэпщIэлъапщIэу къыщIэкIынкъым зэгуэр бгъэдэсар. Гъуап­лъэм къыхэщIыкIа хьэкъу­щыкъухэр, цIыхухъум зэрихьэу щыта цейр, джанэр, щхьэрып­хъуэныр, бащлъыкъыр - псоми зэманыжьым ижь къащIихуащ, лIэщIыгъуэ куэдым къыпх­рыкIащ. Адыгэр зыхуэIэзэу щы­тахэм, дауи, ящыщщ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр щIын­ри. Мэжид иIэщ шыкIэп­шы­нэ лIэу­жьыгъуэхэри Iэпэ пщыкIух зиIэ адыгэ пшынэри. Апхуэдэуи куэд и уасэщ къамэ зэхуэ­мыдэхэр зэрызэхуихьэсыфар.
Нэхъапэм дэтхэнэ адыгэми и пщIантIэм удыхьамэ, зы лъэныкъуэмкIэ шы уанэр щызэщIэлъу урихьэлIэу щытащ. Унагъуэ къэс къагъэсэбэпырт цыкIуэ­кIыр, Iэнэ лъакъуищыр, фэты­джэн уэздыгъэр, арджэнхэр, шыкIэпшынэхэр - ди тхыдэм уриплъэжын щхьэкIэ абыхэм нэхъыбэ ухуейкъым. IутIыжым апхуэдэ и гъэтIылъыгъэхэр Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу щигъэлъэгъуауэ щытащ модельер Сэралъп Мадинэ Налшык къалэм щиIэ Арт-центрым. 
IутIыжым зэхуихьэса хьэп­шыпхэр щыхьэт тохъуэ Тыркум, Сирием, Иорданием адыгэхэр зэрыщыпсэуа щIыкIэм, абыхэм я хабзэр зэрахъумам, лъэп­къым и тхыдэр я гупсысэкIэ, IуэхукIэ нобэм къызэрахьэсам. IутIыж Мэжид езыр ящыщщ хэхэс гъащIэм и бэлыхьыр зышэчахэм, атIэми Хэкум ар къыхуэкIуэжащ и бзэр, и щэнхабзэр ихъумауэ.
- Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ пагэу, пщIэ къыхуащIу къэгъуэгурыкIуа ди нэхъыжь­хэм я цIэкIэ тхузэфIэкI IуэхуфI длэжьын хуейуэ ди языхэзми и къалэну къызолъытэ, - жеIэ IутIыж Мэжид. - Тхыдэр тхауэ щыIэщ, абы уеджэфынущ. АрщхьэкIэ пасэ зэманым лъэп­къым къыдекIуэкIа хьэпшыпхэр щыплъагъукIэщ, ущеIусэкIэщ псэм нэхъыбэ щызыхищIэр. Сэ си лъэпкъыр згъуэтыжащ, си къуэпсхэр къыщежьэ Хэкум сыкъихьэжри. Хьэпшып зэхуэсхьэсахэм я гугъу пщIымэ, псалъэм папщIэ, зы уанэм илъэсиплIкIэ Тыркум сыщыкIэлъыкIуа къэ­хъуащ. Гугъуехьыр пщхьэщокIуэтыж уи псэм щыщ Iыхьэ къыпIэрыхьэжа иужькIэ. Ди лъэпкъым ехьэлIа хьэпшыпхэр Тыркум щызэхуэсхьэсыжын къыщIэздзэри, Хэкум сыкъэ­кIуэжа иужькIи а лэжьыгъэм ­си гум фIэфIу пысщащ. Ди адэжьхэм нэхъ пэгъунэгъу дызыщI хьэпшыпхэр тхъумэ­ным мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Хьэпшыпхэм зы бгы­рыпх яхэлъщ, адрейхэм хуэ­мыдэу згъэлъапIэу. ЩIэинхэр зэхуэхьэсыжыныр сэ абыкIэщ зэрыщIэздзар. Хьэпшы­пыжь­хэр щащэхуж зэмант, арщхьэкIэ ар зи дахагъэр сэ унагъуэм ­схущIегъэхатэкъым. СыщIалэ дыдэу абы и уасэр къызэрызгурыIуам нобэ сыщогуфIы­кIыж. Пэжыр жыпIэмэ, а бгы­рыпхыр къызыхуэзгъэнэн щхьэ­кIэ щIыхуэ къыстехуар илъэситIкIэ спшыныжыфауэ арат. ИтIанэщ си анэм ар и ­пащхьэ щислъхьар... Шапсыгъым сыщыщыпсэуам си гъэ­тIылъыгъэхэм ящыщу музейм еста зы бгъэIулъхьэмрэ бгы­рыпхымрэ илъэсипщIкIэ абы щIэлъащ. Зэгуэр ахэр тыгъэ яхуэсщIа пэтми, КъэбэрдеймкIэ сыкъыщыIэпхъуэжым а хьэпшыпхэр музейм и тхьэмадэм къызимытыжу идатэкъым. Дэтхэнэ зы хьэпшып къэзыугъуеижами езым и хъыбар щэху иIэжщ.
Адыгэм и щыгъуэ махуэщ накъыгъэм и 21-р. Ар тхыдэм и пэжщи, абы зыри пхуещIэнукъым. Ауэ, сэ жысIэну сызы­хуейращи, нобэ дызэрыпсэум нэхъыкIэ лъэпкъыр Тхьэм димыщI. Сэ сропагэ, срогушхуэ си лъэпкъ лъэщым, мыпхуэдэ дахагъэ куэд зиIэр щэнхабзэкIэ дуней псом зэи икIэ щыхъунукъым. ДызэгурыIуэу, ди тхыдэр, хабзэр, бзэр ди щIэблэм яхэтлъхьэжу, щIэныгъэкIэ гъащIэм дыпхрыкIыну - аращ сы­зыхуейр. НэгъуэщI хэкIыпIэ адыгэм диIэкъым...
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил жеIэ: «Зи Хэку зыгъуэтыжыну хуейм Мэжид щапхъэ трихыпхъэщ. Псэуну хуейр зыми емылъытауэ мэпсэуф. Сыт хуэдэ псэ къабзэ уиIэн хуейт, ­хамэщI къыщыхъуа щIалэ цIыкIум и адэжь лъахэм епха хьэпшыпхэр зэхуихьэсыжыныр игу къэкIын, а Iуэху мытыншыр хузэфIэкIын щхьэкIэ?! ЩIалэгъуалэм гу лъезгъэтэну сы­хуейт адыгэм зэрихьэу щыта хьэпшыпхэм нэхъыбэу дыжьын кIэралъхьэу, дыщэ ирамыгъэIусэу зэрыщытам. Апхуэдэщ бгырыпххэри, къамэхэри, щIопщыкIхэри... Мэжид дуней псом лъэпкъыу тетым щапхъэ ярегъэлъагъу. «УифI умыгъэпуд, уи Iей умыгъэпщкIу», - жиIащ пасэрейм. IутIыж Мэжид ящыщщ гъэлъэпIэн хуейхэм».
Зи хабзэр зыхрамыгъэныфа, сыт хуэдэ гугъуехьми кIуэ­цIрыкIыу зи бзэр зыхъумэжа, зи щэнхабзэ къулейр къызыдэ­гъуэгурыкIуэ лъэпкъщ адыгэр. Ар наIуэ пщащI Мэжид хуэдэ цIыхухэм.

Сурэтхэр Къарей  Элинэ  трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.