ИЛЪЭСИЩЭКIЭРИ МЫГЪУ

Ныбжьышхуэ зиIэ жыгыу дунейм куэд тетщ, езыхэм я тхыдэ яIэжрэ, цIыху куэдым ахэр зрагъэлъагъун къудей щхьэкIэ гъуэгуанэшхуэхэр хузэпачу.

Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Мэчэрэ Дамаскрэ яку дэлъ сату гъуэгу щхьэIум тет дей цIыкIу (фисташки) жыгыр. Ар Иордан пащтыхьыгъуэм и къалащхьэм километри 156-кIэ пэжыжьэу къумым итщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, жыгым и ныбжьыр илъэс 1500-рэ мэхъу.

«Сахаби» - аращ абы зэреджэр. А щIыпIэм щыпсэухэм зэрыжаIэмкIэ, Мухьэмэд бегъымбарым и ныбжьыр илъэс 12 фIэкIа мыхъуу бегъымбар зэрыхъунум и хъыбарыр къыщрагъэщIар а жыгым и щIагъырщ. Апхуэдиз ныбжь зиIэр гъэ къэс зэщIогъагъэ, дэ цIыкIухэри пызу къыпокIэ.

ДжэшхэкIхэм хабжэ жыгхэми урохьэлIэ, ар а лIэужьыгъуэм щIыхагъэхьэр мыгурыIуэгъуэу. Апхуэдэ зы жыг ин итщ Саудей Хьэрыпым и къумхэм я курыкупсэм, Джебель-Духан Iуащхьэм пэмыжыжьэу. Абы и ныбжьыр илъэс 400 мэхъу. Жыгым и Iэгъуэблагъэм псы жыхуаIэ щызекIуэркъым, итIани, илъэс къэс къудамэщIэхэмрэ тхьэмпэ щхъуантIэхэмрэ Iуву къыпокIэ. «Бегъымбарым и жыг» зыфIащар туристхэм я кIуапIэщ.

Ахъуэ (олива) жыг нэхъыжь дыдэу дунейм тетыр (илъэс 2240-рэ мэхъу) Черногорием и Румие бгы лъапэм къыщокI, Старэ Бар къалэм пэмыжыжьэу. Зэман жыжьэ гуэрым абы и лъабжьэм куэзыр щыджэгуу кIэщIэс цIыхухъуитIым язым хыфIидза сеныч щIэгъэнам и зэранкIэ жыгым мафIэ къыщIэнэу, и зэхуэдитIыр исауэ зэрыщытар а щIыпIэм щыпсэухэм я IуэрыIуатэхэм къыхощ. Дауэ мыхъуми, ахъуэр къызэтенащ икIи къэщIэрэщIэжащ. Жыгыр щыкI щIыпIэр къэухь дахэхэмкIэ къэгъэувыхьащ, ихъуреягъыр удзыпцIэ щхъуантIэщ, мывэ къищIыкIа лъэс лъагъуэ екIухэр екIуалIэу. Абы къыщхьэщытщ зи щыгум уэсыр темыкI Румие бгыри.

Щиху лIэужьыгъуэхэм хабжэу Мексикэм къыщыкI жыгым и ныбжьыр илъэс 1600-рэ мэхъу. Ар псоми зэратекIуэр и лъабжьэм и гъумагъырщ - метр 36-м щIегъу. Жыгыр а къэралыгъуэм и щIыуэпс фэеплъу къалъытащ.

Псом хуэмыдэу баобабхэм къахокI ныбжьышхуэ зиIэхэр. ЗэрыфщIэщи, абыхэм нэхърэ нэхъ къуабэбжьаби къэгъуэтыгъуейщ. Ипщэ Африкэ республикэм и Лимпопо щIыналъэм илъэс 1060-рэ хъуауэ апхуэдэ зы жыг къыщокI. Абы и лъагагъыр метр 22-рэ, и бгъуагъыр метр 47-рэ мэхъу. Ар зи Iэгъуэблагъэм ит фермерхэм абы и кугъуанэм цIыху 60 зыщIэхуэн бар къыщызэIуахат, куэд дэмыкIыу жыг лъабжьэр зэгуэчри, псори къэнэжащ, ауэ ар зыкIи жыгым зэран хуэмыхъуауэ, ноби мэкI, мэбатэ.

Новэ Зеландием илъэс 2500-рэ хъуауэ къыщыкI каури жыгым «мэзытхьэкIэ» йоджэ икIи апхуэдэ жыг лIэужьыгъуэхэм абы нэхъыжь яхэткъым.

Швецием уэздыгъейхэмрэ псейхэмрэ я лъахэкIэ уеджэ хъунущ, апхуэдизкIэ а жыгхэр а щIыпIэм и щIыIэтыIагъэм йозэгъри. Абы къыщокI дуней псом щынэхъыжьу щIэныгъэлIхэм къалъыта псейри. 2004 гъэм ар зэрымыщIэкIэ къэзыгъуэта биологым жыгым фIищащ и хьэм и цIэр - Тикко. Ар бгы лъагэм и щыгу дыдэм итщ, жьыбгъэми щымышынэу.  

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.