ХЪУЭПСАПIЭХЭР НАХУАПIЭ МЭХЪУ

БодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъагъуэдыгъу Рамзес ящыщщ ерыщу зи хъуэпсапIэхэр зэзыгъэхъулIэну хущIэкъухэм. Дэзыхьэха спорт лIэужьыгъуэм езэши щхьэхи имыщIэу зэрызыхуигъэсарщ ар и лъагапIэхэм нэзыхьэсар.

ЩIэдзапIэ

- Бодибилдингым нэхъ куууэ сыщыдихьэхар илъэс 15 ныбжьым сыщитарщ. Абы и лъэныкъуэкIэ сыдэзыхьэх актёрхэр, спортсменхэр щыIэт икIи абыхэм садэплъейрт. Си нэхъуейр текIауэ сыщIэхъуэпсырт абыхэм ещхь сыхъуну. Псом хуэмыдэу гукъинэж сщыхъуат илъэс 13-м ситу сызэплъа «Чингачгук - Большой Змей» фильмым хэта Митич Гойкэ. Абы и Iэпкълъэпкъыр зэрыдахэм сыдихьэхати, жэщи-махуи жыхуаIэм хуэдэу, ар си нэгу щIэтт икIи абы ещхь сызэрыхъуным сыхущIэкъуу щIэздзащ. АдэкIэ хуэм-хуэмурэ си Iэпкълъэпкъым зезгъэужьурэ, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ щыIэ сыт хуэдэ хъыбарри зэхуэсхьэсурэ ехъулIэныгъэ гуэрхэми сыхуэкIуащ. Мыбдежым сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зэрыхъур. Псори зэлъытыжар, а хъуэпсапIэм узэрыхущIэкъу щIыкIэмрэ абы уи гъащIэм щиIэ мыхьэнэмрэщ.

Сэ гъэсакIуэ гуэрым сепхауэ зэи сыщытакъым, езыр-езыру си лъагъуэр а спорт лIэужьыгъуэм щыпхрысшащ. 90 гъэхэм я пэщIэдзэм бодибилдингым ди къэралым зыщиужьауэ, а спорт лIэужьыгъуэм мыхьэнэ гуэр ирату щыттэкъым. НэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэми си зэфIэкI сыщеплъыжащ, ауэ си гум нэхъ къыдыхьэр, сыдэзыхьэхыр бодибилдинграти, зэрыхъукIэ абы теухуа гуэрхэр къызэрысщIэным сыхущIэкъурт. Апхуэдэ хъыбар гуэр къыщыбгъуэтынкIэ хъунур «Спортивная жизнь России», «Советский спорт» журналхэрати, абыхэм я къыдэкIыгъуэхэм сыпэплъэрт. ЦIыхум мурад гуэр быдэу игу ирилъхьамэ, ар зэрызригъэхъулIэн Iэмалхэр, дауэ ищIми, къигъуэтынущ. Сэри мис апхуэдэу ерыщу а Iуэхум иужь сызэрихьарщ си хъуэпсапIэхэм сыхуэзышар икIи сыхущIегъуэжыркъым зэгуэр а спорт лIэужьыгъуэр къызэрыхэсхам.

Япэ текIуэныгъэ

- Си япэ текIуэныгъэу къэслъытэр 2010 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м Мальтэ хытIыгум щыIэ Бугиббэ къалэм бодибилдингымкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым бжьыпэр зэрыщызыубыдарщ. НэхъапэкIэ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэ сыхэмытами, етIуанэ увыпIэм сыфIэкIыфыртэкъым, «текIуэныгъэ инхэр сэ си натIэ хъункъым» жысIэу сызыщIэгупсысыжырт. Дэ дыпIащIэ щхьэкIэ, псоми езым и чэзу яIэжщ. Сэри си зэманыр къэмысауэ арат. ГурыщIэхэм я гугъу пщIымэ, хэт текIуэныгъэм щымыгуфIыкIынур?!

 ГугъапIэхэр зэпха гъуэгуанэ

Нобэ хуэдэу сощIэж си къэлътмакъ цIыкIур сIыгъыу кхъухьлъатэм сызэритIысхьар, къалэшхуэм гугъапIэ инхэр хузиIэу. Абы сытегушхуэн ипэ сэ нэгъуэщI Iуэху куэдми зеспщытащ, «Чора» фитнес-клубми сыщылэжьащ. ГъэсакIуэу улэжьэн папщIэ, спорт еджапIэр къэбухын къудейр мащIэщ, атIэ уэ езыми зэфIэкI гуэрхэр уиIэу щытын хуейщ. Сэ сызыпэрыува Iуэхум хъарзынэу хэсщIыкIырт, спортым и мастер цIэр сиIэт, илъэс 17-м ситу бодибилдингымкIэ Урысей чемпионатым жэз дамыгъэр къыщысхьат. Апхуэдэу щытми, сэ сызэрыхуейм хуэдэу зызужьыртэкъым, си хъуэпсапIэхэри гъунэгъу хъуртэкъым. ГурыIуэгъуэт а спорт лIэужьыгъуэмкIэ сэ зэфIэкI гуэри мыбдеж къызэрыщызмыгъэлъэгъуэфынур. Аращ Москва сыкIуэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Абы а спорт лIэужьыгъуэм нэхъ зыщиужьат, зыбгъэсэнымкIи Iэмал нэхъыбэ щыIэт. Иджыри Налшык сыщыIэу зэзгъэщIат бодибилдингым зыщыхуагъасэ, «Марк Аврелий» и цIэу клуб Москва зэрыщыIэр, абы а спорт лIэужьыгъуэмкIэ чемпион хъуа куэд гъэсакIуэу зэрыщылажьэр. Сыт хуэдэ IэмалкIи а клубым зыпысщIэн мурадыр сиIэу гъуэгу сытехьат. А клубым и унафэщIт спортсмен цIэрыIуэ Турчинский Владимир. Абырэ сэрэ нэхъ гъунэгъуу дызэрыцIыхуащ икIи куэд дэмыкIыу лэжьапIэ сыкъищтащ. «Уи унэ ущыIэжым хуэдэу, уи гур зэIухауэ укъытхэтыну ди гуапэщ», - къызжиIат Турчинскэм. Клубым лэжьэн щыщIэздза нэужь, бодибилдингымкIэ Европэми Урысейми щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм срагъэблагъэ хъуащ. Хуэм-хуэмури си зэфIэкIми хэхъуащ. Сэ сызэреплъымкIэ, уи псэми Iэпкълъэпкъми загъэпсэхумэ, шыIэ пхэлъмэ, узыпэрыт Iуэхум гукъыдэж хууиIэмэ, итIанэщ ехъулIэныгъэм ущылъэIэсынур.

ЦIыхум и цIэм куэд елъытащ

- Си цIэмкIэ къысхуэупсар си адэмкIэ си анэшхуэрщ, ауэ ар къысфIищын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэм сыщыгъуазэкъым. ЦIыхум и гъащIэр зэрыхъунури цIэм куэдкIэ елъытащ жаIэ. Мысырым и фараон цIэрыIуэу щытам срицIэджэгъущ. Си цIэм зэфIэкI лъагэхэр, ехъулIэныгъэхэр сиIэн хуейуэ къысхуегъэув икIи сытым дежи абы сызэрыхуэфэщэным сыхущIокъу. Къапщтэмэ, си цIэр сигу ирохь икIи срогушхуэ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.