КЪУАЖЭМ ДЭЛЪЭДА НЭУЖЬ, УЭХ ЕЖЭХЫПIЭМ ФIЭКIРИ, АВТОБУСЫР КЪЭУВЫIАЩ.

Зерэ къикIащи, куэд щIауэ къыздэмыкIуэжа, сыт щыгъуи и нэр къызыхуикI щIыпIэр зэпеплъыхь. Нэм къиубыдым зэхъуэкIыныгъэфI игъуэтами, нэгум щIэтыр и щIалэгъуэм иIа теплъэрщ. Уэрам бгъуфIэр бгъузэу къыщохъу, унагъуэхэми, къыпхуэмыцIыхужыну, заужьащ. Къуажэр тIу изыщIыкIыу, и кум деж щежэх псыри нэрылъагъуу жэщIащ.
ЕщIэж Зерэ а псыежэх цIыкIур ину къиууэ зэрыщытар, закъуэлъэмыжыр трипхъуэтрэ ирихьэхыу. Иджы машинэхэри цIыхухэри зэбгъурыту хуиту зрикIуэн лъэмыж быдэ телъщ.
Дэтхэнэ къуажэми зэрихабзэу, пщэдджыжьым жьыуэ къуажэдэсхэр зэщIотаджэ, Iэуэлъауэри нэхъыбэ къохъу. Гъатхэ мазэщи, дунейр къэщIэрэщIащ, хьэуа къабзэр псэм фIэIэфIу Iэпкълъэпкъым зэпхрокI. Дыгъэми хуэмурэ уафэ къащхъуэм зыкъыщеIэт, махуэми зеужь. Лъэмыжым икIри, и зекIуапIэу щыта гъуэгум теуващ. Асфальт иджыри зытемылъыр мывэ кIэщхъ защIэти, ущызекIуэну тынштэкъым. Къургъакъхэм иуэ-ипкIэурэ, япэ уэрамдэкIымкIэ игъазэри, еплIанэ унэм деж къыщыувыIащи, и гур къолъэт. И адэ-анэм пщIантIэм дащIыхьа унэшхуэм нэхърэ нэхъ иныжу IуплъапIэмкIэ къыдагъэуват. И анэм куэбжэпэм ехыу щыхиса жыгхэри лъагэу дэкIеящи, ныбжьыр кIыхьу ядз. Махуэр щыхуабэ Iейм жьауапIэфIщ, тхьэмпэ Iувхэр, дыгъэ бзийм пэлыду, зэщIопщIыпщIэ, мэщхъыщхъ, Зерэ къацIыхужауэ къыхуэгуфIэ фIэкIа умыщIэну.
Дыгъуасэ хуэдэтэкъэ курыт еджапIэр къыщиухар?! А зэманыр напIэзыпIэм блэжри, гукъэкIыжхэм хэкIуэдэжащ. И гупсысэ зэбгрыжахэр къызэщIикъуэжурэ Зерэ тетIысхьэпIэм йотIысэх.
Сабиигъуэ, сабиигъуэ лъапцIэрыщэ! Сыту зэман мащIэ дыдэ хухихат абы ди Тхьэ лъапIэм!
И нэпсхэр къыфIежьауэ здэщысым, и гум къокIыж гъунэгъу хъыджэбз цIыкIухэм гуащэ хьэпшыпхэр, зэпеуэу, яду зэрыщытар. Абы щыгъуэ зэрыджэгу а «гуащэхэр» езыхэм я IэкIэ зэрагъэпэщыжырт: баш кIэщI зэтрапхэрти, хъурейуэ зэкIуэцIыда хъыданыр щхьэуэ папхэжырт, къэрэндащкIэ напэ тращIыхьыжырти – гуащэр хьэзырыпст. Фащэ хуадахэр гъуэрыгъуэурэ щатIагъэрти, езэшыху ириджэгухэрт. ЩIалэ цIыкIухэри джэгукIэ хьэлэмэтхэм дихьэхырт. Апхуэдэу, я сабиигъуэр гъэщIэгъуэну, махуэхэр дахэу ягъакIуэрт.
    Щысщ, и гум пымыкIыу и щIалэгъуэр щыкIуа уэрамыр, и куэбжэпэр. Жыгыщхьэм фIэс бзухэм яхудоплъей, я деж жэуап къыщилъыхъуэу. «Уэ уи Iуэху, дэ ди Iуэху!» - жыхуаIэу, жыгыщхьэхэр къапкIыхь, Зерэ къафIэмыIуэхуххэу.
И гупсысэхэм здыхэтым Зерэ къызэхех, адэ жыжьэу машинэ гуэр къызэрырижэр! Кърижэр мафIэсгъэункIыфI машинэ плъыжьышхуэрат. Дэсыр… Зерэ къызэщIэнащ, аргуэрыжьти, и гукъэкIыжхэм ирашажьэри, щIалэгъуэм и курыкупсэм къыщыхутэжащ.
Ей, щIалэгъуэ! ЩIалэгъуэм и гурылъ-гурыщIэ къабзэ! Гум имыкIыжа зэман, псысэ дахэу зэхэлъ пщIыхь, уи гъащIэ псокIэ къыбдэщIыгъу ныбжь! Дуней псор уэ зым ууейуэ гугъэ уэзыгъэщI!
  … Гухэлъым гъэр ищIа БетIалрэ Зерэрэ псэкIэ зэрыщIэми, зэхуэзэу я гурылъыр хуиту зэхуаIуатэртэкъым. Джэгум щыхыхьэм, хъыджэбзым нэкIэ къедэхащIэурэ къыдэуджырти, дуней псор Зерэ ейуэ къыщигъэхъуу, гугъэфIхэр къритырт, лъагъуныгъэм дригъэхьэхари пэжт.
БетIал «щIалэфIщ» зыхужаIэт икIи гуакIуэт. Пожарнэм щылажьэрт. Иджы я машинэм дэсщ. Зерэ-щэ! Пасэу къэжэпхъа хъыджэбзым зи къэшэгъуэхэр къыхущIэплъу, щхьэц баринэ, зи шэфэл къэкIуэгъуэ нэ къуэлэнт. Илъэс дэкIри, пщащэм курыт еджапIэр къиухащ. ПщафIэхэр къыщIэзыгъэкIыу Налшык дэт еджапIэм а гъэ дыдэм щIэтIысхьат, къиуха иужь, лажьэурэ, зыщIэхъуэпс щIэныгъэри зригъэгъуэтын мурадыр иIэу.
БетIал, Зерэр пэIэщIэ зэрыхъуу, нэгъуэщI къигъуэтри, къызэрекIуэкIа псор хэт ищIэн, ауэ, итIани, иухуа «лъэмыжыр» псым фIихьыху зимыIэжьэу ишэри, и лэгъунэм щIигъэтIысхьащ.
Гухэлъ къабзэу къыхуэушар БетIал хэутэн зэрищIар, фIыуэ къилъагъуу и гугъами, пцIыуэ къызэрыщIэкIар, гъащIэм адэкIэ IэфI щIэмылъыжу и гур къызэриуIар – псори хузэхыхьэжати, нэпс щIигъэкIырт куэдрэ Зерэ. Нобэми уIэгъэ мыкIыжу и гум телъщ.     Абы иужькIэ кIэщIу езыри унагъуэ ихьащ.
Илъэс дапщэ дэкIа, псы мащIэ ежэха абы лъандэрэ! Ауэ гущIэм илъа мафIэр ужьыхыжакъым. Япэ лъагъуныгъэм и къуэпсыр кIыхьщ.
Машинэ плъыжьым къигъэзэжу блэжыжа нэужь, сабэ къигъэхъеяр тIысыжыху пэплъэри къэтэджыжащ Зерэ. ПщIантIэм дэсхэр къыдэмыкI щIыкIэ, ихъуреягъыр иджыри зэ хуиту къызэпиплъыхьыжауэ, «аращ-тIэ, кIуащ гъащIэри, укIэлъыIэбэжкIи уи щхьэр бгъэундэрэщхъуэжкIи сыт и мыхьэнэ?…» - и щхьэ хужиIэжщ, хэщэтыкIри къежьэжащ.

КЪУМЫКЪУ Лерэ. Тэрч къалэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.