Нэхъ мащIэщ зэхуашэсынур

Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ мэлыжьыхьым и ­18-м. Зэхуэсым хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и ­Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэм и аппаратым и инспектор нэхъыжь Мэкъуа­уэ Тимур, хабзэ­хъумэ, кIэ­лъыплъакIуэ органхэм я лIыкIуэ­хэр, щIы­пIэ, къалэ администрацэхэм я уна­фэщIхэр. 

Къэралыр зэрыт щы­ты­кIэмрэ федеральнэ уна­фэщIхэм я Iуэху еплъы­кIэмрэ япкъ иткIэ, комиссэм унафэ къищтащ мы гъэм накъыгъэм и 1, 9-хэм егъэщIылIа дауэдапщэхэр нэхъ зэщIэкъуауэ ирагъэкIуэкIыну, цIыхухэр нэхъ мащIэу зэхуашэсыну. Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэми ТекIуэныгъэр илъэс 78-рэ зэрырикъум ­епха зэIущIэхэри нэгъуэщI щытыкIэм иту екIуэкIынущ, шынагъуэншагъэм и мардэхэр зэрыщытыпхъэм нагъэсыфын хуэдэу. 
Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ транспортыр, сату щIапIэхэр, гъэсы­ныпхъэ-энергетикэ комп­лексыр, цIыху зэхуэсыпIэхэр, дин IуэхущIапIэхэр шына­гъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ къызэрызэгъэпэща щIы­кIэм. 
Хабзэхъумэ, гъэзэщIакIуэ органхэм я къалэн нэхъыщхьэу къонэ щIалэгъуа­лэр щIэпхъаджагъэм къы­хуезыджэ гупсысэкIэм де­мыгъэхьэхыныр, террориз­мэм тезыгъэгушхуэхэм ящы-
­хъумэныр. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ мы лъэ­ныкъуэмкIэ куэд зэращIэр, ауэ жэуаплыныгъэ зыхь IуэхущIапIэ псори зэдэIэпыкъужурэ, лэжьыгъэм нэ­хъ­ри зегъэубгъун хуейщ. ­Къы­зэщIэубыдауэ ялэжь­хэм ­къакIэрыхун хуейкъым щхьэ­­хуэ-щхьэхуэу зэлIэлIапхъэхэри. 
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ зыхуэсакъыпхъэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ «Сэ сыущиякIуэщ» проект къызэрызэрагъэпэщам. Республикэм щрагъэ­кIуэ­кIыну я мурадщ «5642 гупыр» зыфIаща, кол­ледж­хэм щIэс студентхэр зыхэтыну зэхуэсышхуэ. ЩIалэгъуа­лэм ядэлажьэ IэщIагъэлIи 140-м папщIэ къызэрагъэпэщынущ Iэзагъым хэгъэхъуэнымкIэ курс­хэр. Художественнэ уна­фэщIхэмрэ тренерхэмрэ пап­щIи семинархэр ирагъэкIуэкIынущ. 
Террорым пэщIэтынымкIэ проектхэр къызэрагъэпэ­щы­ну я мурадщ. Iуэхум хэпщIауэ щытынущ адэ-анэхэри щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэри. Егъэ­джэ­ныгъэм епха IуэхущIапIэхэр я лъабжьэу, республикэм щолажьэ волонтёрхэм я центри 156-рэ, щIалэгъуалэ гупи 8, щIыпIэ, къалэ администрацэхэм епха, Жыджэ­ракIуэхэр щагъасэ центрым и къудамэ 12. 
КIуэкIуэ Казбек къытри­гъазэурэ тепсэлъыхьащ ­министерствэхэр зэлъэIэсу зэдэлэжьэн зэрыхуейм. ЩIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм нэхъыбэу хэпщIа ­тренерхэм Iэмал яIэщ ­ахэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, хэкулI-хэкупсэу къэтэ­джы­ным, щIыналъэм къыдекIуэкI лъэпкъ хьэлхэр зыхалъхьэным, динкIэ узы­те­мыхуэхэм тэмакъкIыхьу уахущытын зэрыхуейм ­яхутепсэлъыхьыну. ЩIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ министерствэм КIуэкIуэ Казбек унафэ хуищIащ егъэ­джэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм психологием гулъытэ нэхъыбэ щыху­рагъэщIыну, абы епха лэ­жьыгъэ щхьэ­хуэхэр утыку кърахьэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ