ПУТИНЫМРЭ СИРЭ Я ЗЭХУЭЗЭМ КЪЭРАЛИТIЫР КУЭДКIЭ ЩОГУГЪ

ЛIыщхьитIыр Москва щызэхуэзэным ипэ къихуэу, гъатхэпэм и 19-м, «Жэньминь жибао» газетым къытридзащ Путин Владимир и тхыгъэ «Урысеймрэ Китаймрэ зэкъуэту я къэкIуэнум толажьэ» фIэщыгъэм щIэту. А тхыгъэр япэщIыкIэ Кремлым и сайтым къралъхьащ. Ар теухуащ Китаймрэ Урысеймрэ зэхуаIэ хъуа щытыкIэм, апхуэдэуи, Украинэм ехьэлIа зауэмрэ зэныкъуэкъумрэ зэфIэхыным ехьэлIауэ Китайм и Iуэху еплъыкIэм.
Путиным къыхигъэщащ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным гулъытэшхуэ хуэщIын зэрыхуейр, сыт хуэдэ зэныкъуэкъури дипломатие IэмалкIэ зэфIихыну Урысейр зэрыхьэзырыр, НАТО-м ар къызэрызэпиудыр, ауэ Украинэм и къэкIуэнур зэлъытар мамырыгъэр и тегъэщIапIэу зэращIылIэну зэгурыIуэныгъэхэр арауэ зэрыщытыр.
Украинэм щекIуэкI зэныкъуэкъур КъухьэпIэм дунейпсо утыкухэм бжьыпэр щиIыгъын папщIэ къызэригъэсэбэпыр, ар къемызэгъщ жеIэ УФ-м и Президентым.
«Российская газета», «РИА Новости» газетхэм Гъатхэпэм и 20-м къытехуащ Китайм и Iэтащхьэ Цзиньпин Си УФ-м къыщIэкIуэр щызэпкърыха тхыгъи. Ар нэхъыбэу теухуащ экономикэм, апхуэдэуи инвестицэ и лъэныкъуэкIэ къэралитIыр зэрызэдэлэжьэнум, зэрызаужьынум.
Цзиньпин Си зэрыжиIэмкIэ, къэралитIым я зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэн папщIэ, ахэр жыджэру зэрызэдэлэжьэнум шэч къытрихьэркъым. Абы и тегъэщIапIэщ УФ-ми Китайми я Iуэху еплъыкIэ куэдыр зэрызэтехуэм, дунейпсо утыкум зэкъуэту зэрыщызэдэлажьэр.
Гъатхэпэм и 20-м Москва къэкIуа китай Iэтащхьэр дыгъуасэ ежьэжащ. УнафэщIхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр лъэныкъуитIми къазэрыхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. 
Дуней псом щыкIэлъыплъащ Путинымрэ Цзиньпинрэ я зэIущIэр зэрекIуэкIам. Абы кърикIуахэр дяпэкIэщ къыщапщытэжынур, ауэ, Вашингтон къыщыдэкI «The Hill» политикэ газет цIэрыIуэм и обозреватель Митчелл Эллен къилъытащ Цзиньпин Си Москва къакIуэу Путин Владимир къызэрыхуэзар США-мрэ абы и лъэныкъуэ къэралхэмрэ яхуэгъэза бэнэныгъэу. КъухьэпIэ къэралхэм сыт хуэдэ еплъыкIэ яIэжынуми хуитыжщ, ауэ, шэч зыхэмылъыжырщи, ди къэралымрэ Китаймрэ зэкъуэтмэ, сыт хуэдэ щытыкIэ гугъуми къызэрикIыфынур мы зэманым гурыIуэгъуэщ. 
 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.