Дызэрыщыгъуазэщи, УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ 2023 гъэр егъэджэныгъэ IэнатIэм пыщIа IэщIагъэрылажьэхэм я илъэсу ягъэуващ. ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым зэрыпежьэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Зэхуэсым хэтащ Тэрч щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэмрэ спортымкIэ гъэсакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм и ветеранхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Дадэ МуIэед къыхигъэщащ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр къэралым зэрыхигъэунэхукIар гуапэ зэрыщыхъур, IэщIагъэм ирилажьэхэм пщIэ къахуищIу, я гурыгъу-гурыщIэхэм къапэджэжу апхуэдэ жэрдэм къызэрыхалъхьам пщIэ зэрыхуищIыр.
- ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм хуэфащэ пщIэ хуэпщIыныр къызэрымыкIуэу гугъущ, апхуэдизкIэ абы и гуащIэдэкIым жылагъуэм и щыIэныгъэр епхащи. Абыхэм ди щIэблэм щIэныгъэ бгъэдалъхьэ, гъэсэныгъэ халъхьэ къудейкъым, атIэ я зэхэщIыкIым зрагъэубгъу, цIыхугъэм щIапIыкI, хэкупсэу къагъэтэдж. ЦIыхум еджэкIэрэ тхэкIэкIэ и щIэныгъэр щыз хъунукъым, а есэныгъэхэр щIызэрихьэ Iуэхугъуэхэр езым хуэдэхэм хуэмыщхьэпэмэ, псэуныгъэм зиузэщIыным хуэмылажьэмэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ хьэлъэ къуэмылъми, гумрэ псэмрэ етауэ IэнатIэм пэрытщ, и щхьэ Iуэхур къызэренэкIри, лэжьыгъэм хэлъын хуей гуащIэр трегъэкIуадэ. ЕгъэджакIуэр адэ-анэм пэщIащ, жысIэмэ, егъэлея хэлъыну къыщIэкIынкъым. Ди егъэджакIуэхэм я гу къабзагъыр, псэ хьэлэлагъыр, жумартагъыр, щIэныгъэр, акъылыр зэрыщыту къызэщIэпкъуэмэ, хъугъуэфIыгъуэшхуэщи, насыпщ абы ди щIэблэр хэIэбэу къыхихыну Iэмал зэриIэр. Ар къэгъэнауэ, фIыгъуэшхуэщ къытщIэхъуэ щIалэгъуалэм а псор щысэтехыпIэ зэрахуэхъур, езыхэми гъащIэм щыпхашыну гъуэгум ахэр щапхъэу щызэрахьэну Iэмал зэраIэр. Ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм фIыуэ зиужьащ иужьрей илъэсхэм. Ар зи фIыгъэ ди егъэджакIуэхэм я къарур мыкIуэщIу, я зэфIэкIым хэхъуэу, я гъэсэн цIыкIухэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэфIхэм жылэри хэгъэгури дригушхуэу куэдрэ лэжьэну си гуапэщ», - жиIащ Дадэ МуIэед.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэр Тэрч щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт. НобэкIэ Джылахъстэней щIыгум щIэблэм щIэныгъэ етыным цIыху 823-рэ толажьэ. Дэтхэнэ зыри и IэщIагъэм хуэпэж, абыкIэ къэухь лъагэ зиIэ цIыхущ, къыхиха гъуэгум захуэу зэрырикIуэным хущIэкъуу, я зэфIэкIым зэпымычу зэрыхагъэхъуэным иужь иту. Тэрч щIыналъэм щыщ егъэджакIуэхэр хэгъэгупсо, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ нос, текIуэныгъэхэр къыщыдах, пашэныгъэр щызыIэрагъэхьэ. ЕджакIуэри унэтIакIуэри зэIэзэрыубыду мэлажьэ, абы и щыхьэтщ дэнэ зэпеуи ахэр къыхэжаныкIыу зэрыщытыр, утыку щихьэкIэ, зыр зым и щIэгъэкъуэну хьэрхуэрым зэрыхэтыр.
ЗэIущIэм курых хуэхъуа зы Iуэхугъуэ дахэм ублэкI хъунукъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зэрыунагъуэу пэрытхэр зэIущIэм щагъэлъэпIащ, я цIэри гуапэу къыщраIуащ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм щыщ Къуэкъуейхэ, Терекскэ (Болэтей) къуажэм щыщ ЛIэужьхэ, Хьэмидей (ХьэпцIей) жылэм щыщ ФочыщIэхэрэ Хьэтыхъухэрэ, Арыкъ (Борыкъуей) щыщ Шонтыкъухэ, Тэрч къалэм щыщ Хомутенкэхэ я унагъуэхэр. Мыбыхэм IэнатIэм иратар купщIэкIэ гъэнщIа илъэсыбэхэм я закъуэкъым, атIэ я гъащIэр щхьэузыхь хуащIащ щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыхэлъ сабий акъылыфIэхэр къэгъэтэджыным, гъащIэм лъэбакъуэ узыншэхэр щызычыну щIэблэ гъэсэным. Я фIыщIэр мыухыжщ, я щытхъур инщ абыхэм.
ЗэIущIэшхуэм къриубыдэу Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м и егъэджэныгъэ IэнатIэм и щылажьэхэм я зэгухьэныгъэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкI фIыщIэгуапэ тхылъхэр егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ иратащ, тыгъэ лъапIэхэмкIэ къыхагъэщащ.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ Тэрч щIыналъэм и щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ: утыку къихьащ ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупхэр, уэрэдхэр адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи щыIуащ.
Тхыгъэри сурэтри
ШУРДЫМ Динэ ейщ.