Гъунэн­шэщ цIыхупсэм и гу­ма­щIагъэр

Зы илъэс хъуащ Урысейм Украинэм щригъэ­кIуэкI дзэ Iуэху хэхам зэ­рыщIидзэрэ. А лъэхъэнэм къриубыдэу ди къэралым и цIыхухэмрэ и гъунапкъэ­хэмрэ зэрихъумэм къыдэ­кIуэу, дэ нэрылъагъу тщыхъуащ ди зэманым и лIыхъужьхэр къызэрыунэхум, дзэлI ахъырзэманхэр ды­зэриIэм. Дыгъуасэ IэщIагъэлI къызэрыгуэкIыу щы­та щIалэхэр нобэ хахуа­гъэрэ лIыгъэрэ къагъэ­лъагъуэу зауэ губгъуэм итщ, мамырыгъэмрэ пэ­жы­гъэмрэ щIэбэну. Сыт хуэдэ цIыхум дежкIи нэхъыщхьэ дыдэу щытщ Хэкур хъу­мэжыныр. Ар псалъэ къудей мыхъуу лIыгъэ гъэу­нэхупIэу къыщIэкIащ урысей армэм дежкIэ. ИкIи махуэ къэс ди нэгу щIокI къэралым и дзэлI­хэмрэ абы и щхьэщы­жа­кIуэ­хэмрэ зэрахьэ лIы­хъужьыгъэр. 

НобэкIэ зи лъахэ лей къытезымыгъэхьэну ху­щIэкъухэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ па­жэхэри. Куэдрэ зэхыдох абыхэм зэрахьэ лIыгъэм и хъыбархэр, къищынэмы­щIа­уи, зауэ губгъуэм щагъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ къэрал, республикэ унафэщIхэм къыхуащI гулъытэмрэ къыхуагъэфа­- щэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ куэдщ. Щапхъэу урикъунщ УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь цIэр ди хэкуэгъу щIалэ, десант-штурм дивизием и капитан Тэмазэ Тимур Му­хьэмэд и къуэм къызэ­рыфIащар. ЩIалэм и псэр хэкум щIитами, зэрихьа лIыхъужьыгъэр куэдым ­гъуазэ яхуэхъуащ. 
Украинэм щыIэ щIалэхэм я тегушхуэныгъэмрэ хэку­псагъэмрэ умыгъэщIэ­гъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Я нэгу щIэкIыр куэдми, биишэм игъэдзыхакъым. Щы­мыIэ лIыгъэ къызыкъуахауэ я хэку и щхьэхуитыныгъэм­рэ мамырыгъэмрэ яхъумэ, IэщэкIи, псалъэкIи, къарукIи, IуэхукIи къэралым и Президентым кърихьэжьа Iуэхур даIыгъ. 
ДзэлI хэкупсэ, щхьэмы­гъазэ уиIэмэ, Iуэхум и ны­къуэр къохъулIауэ плъытэ хъунущ. АпхуэдэкIэ къулейуэ къыщIэкIащ Урысейри ди республикэри. 
Урысей армэм иригъэ­кIуэкI дзэ Iуэхухэр зэраубзыхуам тету мэкIуатэ, абы и щэху псоми дэ дыщыгъуа­зэкъым, ауэ УФ-м и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым зыщыхуигъазэм жиIащ Урысейм и пащхьэ къит ­къалэныр хуэм-хуэмурэ зэ­ригъэзащIэр, дзэ Iуэху хэхар ягъэува жыпхъэм тету зэрекIуэкIыр. Президентым къызэрыхигъэщамкIэ, Урысейм Украинэм щригъэ­кIуэкI Iуэхур зэрыщIидзэрэ блэкIа мазэ 12-м Донбассым мамырыгъэ щы­зэтраублэну хуей хуэдэу зызыгъэлъагъуэу щыта къэ­рал куэдым я нэкIуIуп­хъуэхэр зэIуахащ, псори зэ­рыщыт дыдэм хуэдэу къацIыхуащ. 
Къэрал унафэщIым зэригъэбелджыламкIэ, Къухьэ­пIэ лIыщхьэхэр я псалъэхэм епцIыжащ, апхуэдиз илъэс бжыгъэм я нэр яуфIыцIыурэ Донбассым и цIыхухэр зэтрагъэукIащ, неонацистхэр щэхуу ягъэгушхуэу къе­кIуэкIащ, политикэ зэрыу­кIыр нэхъри зэщIагъэстащ. 
Ар пэжымрэ мамырыгъэмрэ и телъхьэ къэралым идэнкIэ Iэмал иIакъым. НэгъуэщI хэкIыпIэ щимыIэ­жым, Путиным унафэ къищтащ, дзэ Iуэху хэхахэр къыщIидзэну. Абы папщIэ зи щIыб къытхуэзыгъэза къэралхэр куэдми, лъэп­къым, къэралым и пашэм къуэуващ цIыхубэр. ИгъащIэм къэмыхъуауэ, жылагъуэр зэкъуэт ищIащ мы Iуэхум, Путиныр зэрыда­Iыгъ Iэмал Iэджэ къагупсысащ. Арагъэнщ къэрал унафэщIым и зэрызыхуа­гъа­зэм къыщIыхигъэщар: «Фронтыр дэтхэнэ зы урысей цIыхуми гурэ-псэкIэ зыхещIэ, цIыху мелуан бжыгъэм махуэ къэс хузэфIэкI ещIэ дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэм ядэIэпыкъун пап­щIэ». 
Ар пэжщ. Путиным и псалъэхэм щыхьэт техъуэ куэд тлъэгъуащ дэ илъэсым ­къриубыдэу. Япэ махуэхэм, мазэхэм цIыхубэр тIэкIу щтэIэщтаблэу щытами, зызэтраубыдэри, я къару псори фронтым Iут зауэлI­хэм я дежкIэ яунэтIащ. Ахэр мымэжалIэн, щIыIэм имы­сын, я лъакъуэхэр хуабэн, я щхьэр хъума хъун папщIэ цIыхухэм зэхуамыхьэсрэ ­ху­рамыгъашэрэ щыIэжкъым. Апхуэдэ дэIэпыкъу­ныгъэ тоннищэхэр фронтым иутIыпщащ Къэбэрдей-Балъкъэрми. Гъунэн­шэщ цIыхупсэм и гу­ма­щIа-
гъэр. Абы щыхьэт тохъуэ нанэм и цылъэпэдыр, да­дэм и цыджанэ хуабэр, къу­лыкъущIэхэмрэ хьэрычэ­тыщIэхэмрэ я Iэ къызыпекIуэкIыу щыIэр, жыла­гъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ ныб­жьы­щIэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ зэхуахьэс хьэп­шыпхэр, цIыкIухэм я псалъэ IэфIхэр зэрыт письмохэр. Ди хъуреягъкIэ къыщекIуэкI дэIэпыкъуныгъэ къомым куэдым урегъэгупсыс. Депутатхэр, унафэщIхэр, сенаторхэр, къулыкъущIэхэр хуэнабдзэгубдзаплъэщ зауэлIхэм ящыгъ фащэхэр, нэхъ зэгъэпэщэуэ, Iэбыдэ-лъэбыдэу щытыным, техникэ и лъэныкъуэкIэ ди щIалэхэр зыхуей-зыхуэныкъуэ­хэр къахуэщэхуным. Жылагъуэр ерыскъырэ хьэп­шып-
­кIэ къикIуэтыркъым. Зэгу­хьэныгъэхэм нэмыщI, къуа­жэкIэрэ, лъэпкъкIэрэ зыхуэкъулейр зэхуахьэсурэ ирагъашэ. Уеблэмэ, я къуа­жэгъухэмрэ ныбжьэгъу-
хэмрэ якIэлъыкIуэр мащIэкъым. Къэхъун къуажэ щыщ альпинист цIэрыIуэ, Iуащхьэмахуэ куэдрэ дэ­кIуея Шы­бзыхъуэ Казбек зы­бжанэрэ щыIащ зауэр ще­кIуэкI щIы­пIэм икIи и къуажэгъу­хэр ­игъэгушхуащ. 
Сыт и уасэ сурэт щхъуэ­кIэплъыкIэ иту сабий садым кIуэ цIыкIум сурэт къыпхуригъэхьыну, е текIуэныгъэр и Iэрылъхьэу, псэууэ унэм къэкIуэжыну хуэлъаIуэу школакIуэм, студентым итх письмом. Долъагъу абы и уасэри, апхуэдэ тхыгъэ кIэщI къеджэ сэлэтым и нэпс къызэрыфIыщIэкIри, и лIыгъэм зэрыхэхъуэри, и ­гукъыдэжым зыкъызэ­риIэт­ри интернеткIэ кърахьэкI видеохэм къощ. Арыншауи хъунукъым. Дэ щхьэж тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъун хуейщ зауэ губгъуэм итхэмрэ абыхэм щхьэкIэ жэщ-махуэ ямыIэу гузавэ адэ-анэхэмрэ. Апхуэдэ цIыху гумащIэхэм я хъыбар щызэхэпхкIэ гур хегъахъуэ. Иджыблагъэ Псыгуэнсу дэкIа щIалэхэм я адэ-анэхэр, щхьэгъусэхэр къуа­жэ клубым щызэхуишэсри, игъэфIащ, и мылъкум псапэ хитыкIащ а жылэм щыщ къулыкъущIэ пажэ Хьэсанэ Руслан. 
Руслан мы Iуэхур къы­зэрежьэрэ зауэлIхэм яхуимыщIэ щымыIэу защIегъакъуэ, хэт сыт хуэдэ гуны­къуэгъуэкIэ зыхуигъазэми, игъэщIэхъуркъым. Иджы адэ-анэхэр, щхьэгъусэхэр, сабийхэр зэхуишэсри, и псалъэ гуапэ захригъэхащ, щIалэхэр псэууэ къызэрагъэзэжынымкIэ фIэщхъу­ныгъэ яхилъхьащ. Апхуэдэ щапхъэу республикэм илъыр къыпхуэлъытэнукъым, дэри псори къытхузэщIэкъуэнукъым. Ауэ мыпхуэдэ зэрыIыгъыныгъэм, зэдэIэпыкъуныгъэм, зэрылъытэныгъэм гур игъэкIуэдыркъым зэманыр гугъуми. 
Гур къыдэзышей псалъэхэмкIэ щIалэхэр здэ­щыIэм кIуэуэрэ захуегъазэ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар зыбжанэрэ щыIащ Украинэм и хэгъэгухэм. Къы­зыхэкIа лъэпкъым емылъы­тауэ, ди лъахэм икIа щIалэхэм псалъэ гуапэ яжреIэ, зыхуэныкъуэхэр зрегъащIэ, я уна­гъуэхэм щхьэкIэ мыгузэвэну, ягу щIэныкъуэхэр зэфIигъэкIыну къегъэгугъэ икIи егъэзащIэ. ЩIалэхэм я гукъыдэжым зыкъиIэтауэ, я щIыбагъ къару къызэры­дэтыр зыхащIауэ къахокIыж Казбек абыхэм. 
ДзэлIхэм унагъуэкIэ, бынкIэ, адэ-анэкIэ гуныкъуэ­гъуэ ямыIэу я къулыкъур ирахьэкIын папщIэ лъэкI къигъанэркъым къэрал уна­фэщIми, республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. Абыхэм я псэукIэр тынш щащIын щхьэкIэ хуэгъэ­кIуатэ куэд къыхуагупсысащ, къэралым и мылъкуу щIыхуэ зытелъхэм хуагъэгъуащ, тыншу, хуабэу, зы­хуей ягъуэту псэун щхьэкIэ Iэмалу щыIэр къыхузэрагъэпэщащ. Ар къалэжьащ абыхэм, сыт щхьэкIэ жы­п­Iэмэ, лIыхъужь ягъэсащ. 
Сэлэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я нэIэ зэрытетым и мызакъуэу, дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ ди къэралыр доIэпыкъу бэлыхь хэхуа цIыхубэм. Донбассым мызэ-­мытIэу сабий гуп ­кърашыурэ ди санаторэхэм щагъэIащ, псэупIэншэу къэна балигъхэр ди республикэм щопсэу. Апхуэ­дэуи гулъы­тэншэ ящIыркъым иджыпсту хуит къащIыжа, ди къэралым къыхагъэхьэжа щIыналъиплIым исхэри. Абыхэм я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэным, зэ­тра­къутахэр зэгъэпэ­щы­жы­ным иужь итщ ди уна­фэщIхэр. КIуэкIуэ Казбек зыбжанэрэ щыIащ Херсон областым хыхьэ щIыпIэхэм ящыщу ди республикэм и нэIэм щIэтхэм. ЗэращIылIа зэгурыIуэ­ныгъэхэм тету щIы­пIэхэм зегъэужьы­жы­ным, гуманитар дэIэпыкъу­ныгъэ етыныр зэпыу имыIэу йокIуэкI. Абы щыпсэухэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэ­дэкIыу яIэрыхьащ ерыскъыпхъэхэр, хьэпшып­хэр, псы, медицинэ Iэмэ­псы­мэ­хэр, хущхъуэхэр, нэ­гъуэщI­хэри. Зауэ губгъуэм ит дохутырхэм нэмыщI, хуит къащIыжа щIыпIэхэм ягъэ­кIуащ анестезиологхэр, реа­­ниматологхэр, сыма­джэщ­хэр зыхуэныкъуэ ­дохутырхэр. Иджыпсту абы лэжьыгъэр щрахьэкI ди республикэм щыщ дохутыр гуп ещанэм. Ахэр хуабжьу сэбэп яхуохъу сымаджэхэми уIэгъэхэми. 
ЕкIуэкI Iуэхум уримынэщхъеинкIэ Iэмал иIэкъым, ауэ гур хэзыгъахъуэр ди зэкъуэ­тыныгъэмрэ зэдэIэпыкъу­жыныгъэмрэщ, ди цIыхухэм я хэкупсагъэмрэ пэжыгъэмрэщ. Нобэ дзэ Iуэхур ­иухми, ар къахэнэнущ жыла­гъуэм. Абы Урысей Федерацэр нэхъ лъэщ, зэкъуэт, къару ищIынущ!
НэщIэпыджэ Замирэ. 
«Адыгэ псалъэ» газетым ПолитикэмкIэ, жыла­гъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.