Анэдэлъхубзэхэм ятегъэщIауэ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэмрэ я илъэсым хыхьэу икIи Анэдэлъхубзэхэм я ­дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэм иджыб­лагъэ хэгъэгупсо зэ­Iу­щIэшхуэ щекIуэкIащ. ЩIэблэм щIэныгъэ ябгъэ­дэзылъхьэхэмрэ ахэр зы­гъасэхэмрэ щагъэлъапIэ зэхуэсыр тегъэщIауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и щIыдэлъху лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – я бзэхэм, щэнхабзэхэм, IурыIуатэ икIи литературэ хъугъуэфIы­гъуэ­хэм.

Бахъсэн щIыналъэм щIы­­пIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьа а жэрдэмыр къыдаIыгъащ Кыщпэк (Тыжьей) къуа­жэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм икIи хэгъэгупсо Iуэхугъуэр къыщызэрагъэпэщари щрагъэкIуэкIари абдежщ. Зэ­хуэсым хэтащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и министр ­Езауэ Анзор, КъБР-м Егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жыла­гъуэ советым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ­КъБР-м и егъэджэныгъэ Iэна­тIэм и IэщIагъэрыла­жьэ­хэм я зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Карныш Сергей, Хьэ­тIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент УнэтлIокъуэ Вячес­лав, КъБКъУ-м щэнгъасэмкIэ, пси­хологиемкIэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым зезыгъэу­зэщI щIэныгъэхэмкIэ и инс­титу­тым и доцент Анаев Марат сымэ. Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ 13-м егъэджэныгъэмкIэ я къулыкъущIапIэхэмрэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт я Iуэху­щIа­пIэ­хэмрэ я унафэщIхэр, адыгэб­зэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр, жы­ла­гъуэ лэжьакIуэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Балъкъыз Артур и фIэхъус псалъэм къыщыхигъэщащ Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм теухуа хэгъэгупсо зэ­хуэсыр я щIыналъэм зэры­ще­кIуэкIыр зэригуапэр, ар ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэм­рэ я илъэсым хиубыдэу къы­зэрызэрагъэпэщар.
- Дапщэщи жызоIэ егъэ­джа­кIуэр гушхуэ зыкIуэцIылъ, зэхэщIыкIышхуэ зиIэ цIыху псэемыблэжу зэрыщытыр. Ауэ сыт хуэдэ пщалъэ къы­зэрупщынур анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурызылъхьэ, анэбзэмкIэ гупсысэу зыгъасэ, лъэп­къым илъэс мин бжы­гъэ­кIэ къыдэгъуэгуры­кIуа хабзэхэр абыхэм езыгъащIэ егъэджакIуэхэм я IэнатIэр?! Анэдэлъхубзэм и IэфIыр ныбжьыщIэм зыхезыгъащIэращ цIыхум лъэпкъ дунейм и щэхухэр нахуэ ящызыщIыр, щалъхуа адэжь щIыналъэм и телъыджэхэр къахузэ­Iу­зы­хыр. Адэ-анэм быныр зыщимыгъэгъуэзэфын лъэпкъ хъу­гъуэфIыгъуэ куэдым я дунейм сабийр хэзышэфыр егъэджакIуэращ, аращи, абы нэхърэ нэхъ пэгъунэгъу цIыху ныбжьыщIэм дежкIэ щы­щымыIэ куэдрэ къохъу. Дуней псом мы махуэхэм щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэхэм я махуэр. Дыкъэзылъхуа анэр къызэрыдэIущэща икIи къызэрыдэпсэлъа бзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Абы узыщIигъэдэIукIри узы­хуиущийри цIыхугъэщ, дахагъэщ, гуапагъэщ. Сыт хуэдэ щIэныгъэми лъабжьэ хуэ­хъур лъэпкъым и гузэхэщIэращи, къытщIэхъуэ щIэблэм ар яIэщIэмыхуу, ди адэжьхэм къытхуагъэна лъапIэныгъэ­хэм зедгъэужьу, абыхэм хэдгъахъуэу икIи едгъэфIакIуэу щыIэныгъэм дыхэтыныр дэтхэнэми ди пщэрылъщ. Ауэ а пщэрылъыр зэщIэмы­кIуэ­жых­хэу зыгъэзащIэр анэ­дэлъ­хубзэхэмкIэ егъэджа­кIуэ­хэращи, си гуапэщ я гуа­щIэ и шхыгъуэ ихуэу, я гъэ­сэнхэм я ехъулIэныгъэхэм бжьы­фIэ щIэхъукIыу, узын­шэу илъэс куэдкIэ лэжьэну», – жиIащ Балъкъыз Артур.
АдэкIэ псалъэм къыпызыща Езауэ Артур зэрыжиIамкIэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм иужьрей илъэсхэм хэп­щIы­кIыу зеужь, IэмалыщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ щы­теп­щэ лэжьыгъэхэм заубгъу. ЛъэныкъуэкIэ къыщы­нэр­къым­ лъэпкъ щIэныгъэм къы­зэщIиубыдэ Iуэхугъуэ­хэ­ри. Министрым зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэхэмрэ лъэп­къ литературэхэмрэ курыт еджа­пIэхэм зэрыщрагъэ­джы­ну тхылъхэр зэхэгъэувэн яухащ, дэтхэнэ дерсри зэ­рырагъэджыну программэ­хэр зэхалъхьащ. Мы лъэхъэ­нэм министерствэр иужь итщ 8 – 9-нэ классхэм щIэсхэм КъБР-м и географиер, ­КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ зэ­ры­рагъэджыну тхылъхэм я гъэхьэзырыным.
- Мы далэм лъэпкъ унэтIы­ныгъэ зиIэ тхылъхэмрэ ахэр зэрырагъэджыну пособие­хэм­рэ къанэ щIагъуэ щымы­Iэу хьэзырщ. Ахэр УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм едгъэхьынущ, абдеж ахэр щIэныгъэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, жылагъуэ мардэхэм зэрытехуэр къыщапщытэу курыт еджапIэхэм щедгъэджыну дызэрыхуитымкIэ тхылъ къыдатыжын хуэ­дэу. Апхуэдэ тхылъхэр псори 25-рэ мэхъу. Анэ­дэлъ­хубзэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу мыпхуэдэ зэIущIэшхуэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм зэрызэхашар къызэрымыкIуэу гуапэщ. Ды­зытет дунейр щхъуэкIэп­лъы­кIэщ, щхьэж и уней нэщэнэрэ фащэрэ иIэжу. Ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэри дунейпсо лъэпкъыбэм я бзэ гъэщIэгъуэныщэхэмрэ хабзэ телъыджэхэмкIэ увыпIэ хэхахэр яIэжу хоувэ. Куэдым дыкъащIэ, къыттетхыхьахэри ма­щIэкъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыхуигъэувыж къалэн­хэм ящыщщ бзэхэр егъэ­джыным и мызакъуэу, хъумэнымрэ егъэфIэ­кIуэ­ным­рэ. Аращ лъэпкъ щIэны­гъэ­хэм гулъытэ хэха щIаIэр, ахэр зэрырагъэджын тхылъ­хэр гъэхьэзырынымкIэ программэхэр щIэлажьэр. Гуа­щIа­фIэу IэнатIэм пэрытщ егъэ­джакIуэхэри. Абыхэм я фIыщIэр инщ, нобэрей зэхуэсри абы и шэсыпIэ бэлыхьщ. ФефIэкIуэну икIи зывужьыну си гуапэщ», – жиIащ Езауэ Анзор.
Сэхъурокъуэ Хьэутии къыхигъэщащ лъэпкъыбзэхэм ира­щIылIэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэр зэригуапэр.
– КъызэрымыкIуэу гуапэщ къэралым и гупэр егъэджакIуэхэмрэ унэтIакIуэ­хэм­рэ я лэжьыгъэм къызэрыхуигъазэр, ахэр хэмыту хэгъэгум къэкIуэн зэримыIэнур къы­зэры­гурыIуэр. ЕджапIэхэр къа­гъэщIэрэщIэж, щIэуэ яухуэ­хэр мащIэкъым, ахэр унэ­лъащIэрэ техникэщIэхэмкIэ къызэрагъэпэщ. Нэхъ ­гуапэж къысщохъу Анэдэлъ­хуб­зэхэм я дунейпсо махуэр мыпхуэдэу Iэтауэ зэрырагъэкIуэкIыр, абы и цIэкIэ дерс зэIухахэмрэ Iэнэ хъурейхэм­рэ зэрызэхашэр. Анэбзэ псалъэ зэхозыгъэх, абы и IэфIыр зыхозыгъащIэ егъэджакIуэм хуэдэ щыIэкъым, абы къызэщигъэу гурыщIэр къызэрып­лъытэфын уасэ щыIэкъым. Пщэдейрей махуэхэм лъэп­къыцIэ уиIэу ухэтыну ухуеймэ, анэдэлъхубзэр пIуры­лъын, хабзэхэр зепхьэн зэры­хуейр хьэкъщ. Дэ ди къару демыблэжу а Iуэхум дыбгъэдэт къудеймэ, къытщIэувэ щIэблэми ар зыхащIэнущ икIи зыIэпагъэхунукъым. Адыгэб­зэр хъумэныр IэнатIэ зыщызыщIыжахэм тлъэкI къэдгъэнэнкъым гушхуэныгъэмрэ гукъыдэжымрэ щIэ­зы­Iыгъэ дэтхэнэ егъэджэныгъэ жэрдэмри гъащIэм хэп­щэным дыхэлIыфIыхьын папщIэ. Гурэ псэкIэ IэнатIэм пэрытхэм сынывохъуэхъу, ­гукъыдэж къывэзыт еджа­кIуэ­хэмрэ гъэсэнхэмрэ фи куэ­дыну, лэжьыгъэр IэфI ­къыф­­щызыщI узыншагъэ фи­Iэ­ну си гуапэщ, – жиIащ Сэхъурокъуэм.
Зэхуэсым къеблэгъауэ псалъэ зыхуагъэфэща хьэщIэ псо­ми къыхагъэщащ анэ­дэлъ­хубзэхэр лъэпкъыр къэ­кIуэнум хэзыгъэувэ джэ­лэсу зэрыщытыр, абыхэм языхэз кIуэдыну шынагъуэ къы­щыщхьэщыхьэм деж дунейр нэхъ фагъуэ зэрыхъур, щIэ­ны­гъэми хэщIыныгъэшхуэ зэригъуэтыр.
Хэгъэгупсо зэIущIэшхуэм къриубыдэу адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ дерс дамэдазэхэмрэ дерс зэIухахэмрэ а махуэм ирагъэкIуэкIащ а бзэхэр Бахъсэн щIыналъэм щезыгъэджхэм, щIыпIэм къы­щыхъуа тхакIуэхэмрэ уса­кIуэхэмрэ я лъагъуэхэш зэIущIэхэр къызэрагъэпэщащ, тхылъ плIанэпэхэр ягъэуващ. АдыгэбзэмкIэ дерс зэIухар езыгъэкIуэкIа, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Атэлыкъ Аксанэ и лэжьыгъэр куэдрэ къамыIэт, гулъытэш­хуэ зымыгъуэт узэщIакIуэхэм ятеухуат. Аксанэ хузэфIэкIащ XIX лIэщIыгъуэмрэ XX лIэ­щIыгъуэм и ублапIэмрэ псэуа узэщIакIуэхэр щIэныгъэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ хъумэным ехьэлIауэ, ахэр щIалэгъуа­лэм яхэпщэным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэш­хуэр зы гупсысэм ири­шэлIэн, бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр хилъхьэурэ ныбжьы­щIэхэр гупитIу игъэлэжьэн. Езыр зэрыжьакIуэм, жиIэр уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал имы­Iэу укъызэщIиIэтэу зэрыпсалъэм и мызакъуэу, и гъэсэнхэми я пащхьэ къилъ лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр къапщIэу я гупсысэмрэ дуней лъагъукIэмрэ гъэхуауэ къаIуатэрт, зытепсэлъыхьхэм иджыри захуэбгъэзэжу щIэб­джы­кIыжыну ухуейуэ гузэ­хэщIэ хъарзынэхэр къыуа­тырт. Гуп лэжьыгъэр фIыщ, методикэ Iэмал хъарзынэщ, зы классым щIэс сабийхэм я псалъэр зэпыбгъэувэну, зэ­пэ­щIэбгъэувэну, бгъэды­хьэ­кIэ зэмыщхьхэр зэпэплъытурэ тхакIуэм е усакIуэм и Iуэху еплъыкIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухэплъэну. Егъэджа­кIуэ Iэзэм ар зэры­хуз­э­фIэ­кIыр КъБР-м и щIыпIэ куэдым къикIа егъэджакIуэхэм я фIэщ ищIыфащ.
Къыхэгъэщын хуейщ еджапIэм и музейр Бахъсэн щIыналъэм къыщызэрагъэпэща апхуэдэ лэжьыгъэхэм я нэхъыфIхэм зэрыхабжэр. Ар иджыри зэ нэрылъагъу ­хъуащ а музейм щIэлъ хъугъуэ­фIыгъуэхэм щхьэж къы­лъыс щIыпIэр зэхэгъэкIауэ, зэхьэлIа тхыдэ лъэхъэ­нэхэм теухуауэ зэщхьэщыхауэ зэрыщытым, дэтхэнэ хьэп­шыпми зэрихьэ фIэщыгъэр, къыздикIар, еджапIэм къы­зэрыIэрыхьа щIыкIэр къы­зыхэщ тхыгъэ кIэщIхэр зэрыгъэпсам. Апхуэдэу еджапIэм плIанэпэ зыбжанэ иIэщ зи цIэр зэрихьэ, КъБР-м и япэ Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Валерэ теухуауэ, Хэку зауэш­хуэмрэ адэжь щIыналъэм и щыжакIуэхэмрэ яхьэлIауэ, еджапIэм и тхыдэм хуэгъэпсауэ.
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерст­вэм, Бахъсэн щIыналъэм щIы­пIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэ­дэкI фIыщIэгуапэ тхылъ­хэр адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэхэм, IэнатIэм къыщыхэжаныкIа гъэсакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ иратащ, тыгъэ лъапIэхэмкIэ къыхагъэщащ.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ Бахъсэн щIыналъэм и щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэхэмкIэ: утыку къихьащ ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупхэр, уэрэдхэр адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, уры­сыбзэкIи щыIуащ.
Тхыгъэмрэ сурэтымрэ ШУРДЫМ Динэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.