Ар зи фIэщыгъэ псапащIэ телемарафон КъБР-м и Музыкэ театрым дыгъуасэ сыхьэт 14-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 18 пщIондэ щекIуэкIащ. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу, Iуэхур къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэригъэпэщащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым, зауэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм зэрадэIэпыкъуну ахъшэ зэхалъхьэн папщIэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэхыхьэр къыщызэIуихым, кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс ипэкIэ дзэ операцэр ирагъэжьауэ зэрыщытар икIи абы цIыху мин бжыгъэхэр зэрыхэтыр.
- Зы хэкущ диIэри, Урысейм папщIэ дызэкъуэвгъэуви, ди щIалэхэм дадэвгъэIэпыкъу! - жиIащ министрым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ республикэм икIауэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъагъуэ щIалэхэм яхуэтщI гулъытэм, абыхэм дазэрыдэIэпыкъум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Хэку зауэшхуэ нэужьым къэхъуахэм цIыху гъащIэм, хэщIыныгъэм я уасэр зыхыдощIэ. Урысейм дунейр фашизмэм къригъэлащ, Европэм щыпсэухэм ар ящыгъупщэжами, - жиIащ Сэхъурокъуэм.
Телемарафоным хыхьэу республикэм и артист цIэрыIуэхэм концерт гукъинэж ятащ. Псапэ Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэр QR-код хэхамкIэ абы хэтащ. Къыщыхаха ахъшэмкIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу саугъэтхэр хуащIынущ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щыIэ щIалэхэм. Апхуэдэхэщ зыхуеину автомобилхэр, квадрокоптерхэр, Iэщэхэр, хущхъуэгъуэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, вакъэ хуабэхэр. Нобэ ирихьэлIэу а Iуэхум хыхьэу къэралым щызэхуахьэсащ сом мелардитхум нэблагъэ.
Марафоныр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-мрэ («1 КъБР»), Къэбэрдей-Балъкъэр радиомрэ эфир занщIэхэмкIэ къатащ. СыхьэтиплIым къриубыдэу екIуэкIа Iуэхум жыджэру хэтащ республикэм и IуэхущIапIэхэм щыщхэр, волонтёрхэр, артистхэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.