ЦIэмэз

Апхуэдэущ адыгэхэр ноби зэреджэр Iуащхьэ джабэ нэкIухэм я лъабжьэкIэ къыщежьэ къуэпсхэмкIэ зы­къы­зэщIэзыкъуэу хым хэ­лъэдэж псы цIыкIумрэ абдеж дыдэм къыщыунэхуа Новороссийск къалэмрэ. А цIэр зэрехьэ псыIум къегъэщIылIа хыжьэми («Цемесская бухта»). 

Новороссийск къалэр здэщыт щIыпIэм адыгэхэр «Щыгу пщыкIуийкIи» еджэрт. А цIэр щIытрагъэIукIами щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэт: пасэ зэманхэм щыгъуэ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм укъы­теувэу ЦIэмэз зи фIэщыгъэ хыжьэм унэсын папщIэ, иджы­ри бгыщхьэ тхыцIэу 18 къызэбнэкIын хуейт.
Зи гугъу тщIы щIы кIапэм щытепсэлъыхькIэ, адыгэ­хэм «ЧIыхэкI» - «ЩIыхэкI» ­псалъэри къагъэсэбэпырт, «псым­ жыжьэу хыхьэ щIы ­кусэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Сыту жыпIэмэ, нэхъ пасэхэм зэрыщытар аращи, ЦIэмэз зыфIаща псым ирихьэх ­утхъуахуэхэм ясея дэлъэдапIэр, шэдылъэрэ жыжьэу, ищхъэрэкIэ кIыхьу ехырт. 
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, япэ­щIыкIэ «ЦIэмэзкIэ» зэджэу щытагъэнур мы щIыпIэм ижькIэрэ къыщыкI мэз ­цIырхъ тIэкIуращ, «апхуэдизу зэкIэщIэпхъыIуащ, пIащIэщи, цIэ хэсми, плъагъунумэ» хужаIэу. 
Языныкъуэхэм зэрытрагъэ­чыныхьымкIэ (абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр мы щIы­пIэм и тхыдэми щыхалъа­гъуэу), мыбдежым лъэхъэнэ жыжьэхэм куэду къыщы­кIырт жыг лъэпкъыгъуэу дэ, къэбэрдейхэм «екIэпцIэ», шап­сыгъхэм «пцIэ» - «пцIей» («ольха») зыхужаIэр. 
Мыдрейуэ къыхэдгъэщынщи, щIыпIэцIэхэр зэхуэ­хьэ­сыным, я зэхэлъыкIэр джы­ным зэман куэд ятезыгъэ­кIуэ­да щIэныгъэлIхэу ­КIуэ­кIуэ Джэмалдинрэ Мерэ­тыкъуэ Къасымрэ къызэралъытамкIэ, «ЦIэмэз» фIэщыгъэр мы Iэшэлъашэм щыпсэуа нат­хъуэджхэм (адыгэ лъэпкъщ) нэхъ зыхуагъакIуэу щыты­гъар «гъудэбадзэхэм я мэз» егупсысыкIэрщ. «ЦIэпс» топонимым и къэхъукIэри абы ирагъэщхь. 
Адыгэхэм «ЦIэмэз» псалъэр мы щIыпIэм ехьэлIауэ нэхъ пасэхэми къагъэсэбэ­-пу зэрыщытам и щыхьэтщ XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм (1813 гъэм, иужькIэ 1823 - 1824 гъэхэм) Анапэ быдапIэм щыпсэугъа франджы щIэ­ныгъэлI Тэбу де Мариньи иужьым итхыжа и гукъэ­кIыжхэм абы хуэкIуэу къыщыхигъэща фIэщыгъэ­хэри.  
Мыри дэщIыгъужыпхъэщ. Языныкъуэ адыгэхэм Новороссийск и гугъу щащIкIэ «Дзыгъуэ цIыкIу къалэ» жа­Iэу щытащ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ