Налшык къалэм дэт, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ къудамэр къызэрыщызэIуахым ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ.
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм лэжьэн иригъэжьа къудейщ, ауэ и IуэхузехьапIэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщызэIуех, зыхуигъэувыжа мурадхэмрэ зыщищIыжа къалэнхэмкIэ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къыдехьэх. Япэ лъэбакъуэхэр зыч зэщIэхъееныгъэм и гуращэхэр щIэблэм я къэкIуэнум хуэгъэпсауэ икIи абыхэм гъуэгу къезыт Iуэхугъуэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ лэжьыгъэр гъэнщIауэ зэрыщытым адэ-анэхэри зыIэпешэ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къызэрагъэпэща «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм жылагъуэ жэрдэмщIакIуэу къэралым щыпсэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэхэмрэ зэригъэуIуныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Къэралпсо икIи хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэмрэ щIэнIуатэхэмрэ я утыкум зи зэхэщIыкIыр щIагъуэ, зи гупсысэкIэр куу, зи дуней лъагъукIэр щIэщыгъуэ щIалэгъуалэ куэд къохьэ. Сыт хуэдиз гуращэм ахэр зэрашалIэми, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэщIэхэр (проектхэр) зэзыгъэуIу, унэтIыныгъэ пыухыкIа езыт зэгухьэныгъэ зэрыщымыIэм зы Iуэху зыщIэхэр зэпэжыжьэ ищIырт, уеблэмэ зэрымыцIыхуххэу къэгъуэгурыкIуэрт. ЩIэныгъэм дихьэх, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ я щэхур къэзыхутэ, жылагъуэ зэхэтыкIэм и зыужьыныгъэм зыIэпишэ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр къэрал къулыкъущIэхэм гъэщIэгъуэн къащохъу, щыIэ щытыкIэм зэрыхаухуэнэным, зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэным и Iэмалхэр къалъыхъуэу хуожьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм я гупсысэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр, жэрдэмхэр, къэхутэныгъэхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкI зиIэхэм я деж нихьэсыну IэмалыфIхэр иIэнущ.
«ДыгъафIэ къалэм» къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ, еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
ЗэIущIэм хэтхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэза нэужь Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ щIалэгъуалэм гулъытэ хуэзыщI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыщыгуфIыкIыр, ар хэгъэгумрэ къэралымрэ зиужьыным хуэунэтIауэ зэрыщытымкIэ фIэщхъуныгъэ зэриIэр. «Гуапэ дыдэ къысщыхъур, сыбзыщIынкъыми, мыпхуэдиз ныбжьыщIэ зэзыпх зэщIэхъееныгъэм и дуней къытехьэр езыхэм я гукъэ-кIыу зэрыщытырщ. ИкIи, зэрытлъагъущи, зы щIыпIэм къыщежьа гупсысэр къуэпсыбэу къыщIэкIри, хэгъэгухэм зидзащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыналъэхэм псоми зэдай Iуэхур щызэрагъэкIуэну IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Арыххэуи, мы далэм фи нэгу щIокI цIыхушхуэ къызэщIэзыубыдэну зэгухьэныгъэр дунейм къызэрытехьэр, лъэбакъуэ цIыкIухэр ичу зэрыщIидзэр. Абы фэри фи Iыхьэ хэлъщ. Псышхуэр псыпэ цIыкIуурэ зэхолъэдэжри йожэх, апхуэдэщ фи IэнатIэри: гуп цIыкIуу зызэщIывогъэуIуэ, иужькIэ нэхъ гупышхуэм, нэхъ хасэшхуэм и зы пкъыгъуэ фыхъун хуэдэу. Мы зэгухьэныгъэм къалэнышхуэхэр зыхуегъэувыж, щIалэгъуалэ пэхуэщIэхэр дунейм къытезыгъэхьэфыну унэтIыныгъэ куэд иIэщ. Ар ди нэгу щIагъэкIащ мы еджапIэм щытлъэгъуа лэжьыгъэмкIэ. КъэкIуэнур зейр фэращ, зывужьынуми зывузэщIынуми зыкъомкIэ фэращ зэлъытэжар», - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Апхуэдэу унафэщIым и псалъэм къыхэщащ «ДыгъафIэ къалэр» Кавказ Ищхъэрэм еджэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI и IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэхэм зэращы-щыр. «НэхъапэкIи мы еджапIэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр зыIэригъэхьэрт, абы и гъэсэнхэр щIэныгъэкIи ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIи утыку куэдым къыщыхэщырт икIи текIуэныгъэ къыщыдахырт. «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ IуэхузехьапIэ апхуэдэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ еджапIэм къыщызэIуахмэ, и лъэкIыныгъэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуну къысщохъу. Арыххэуи, УФ-м и Президентым фи жэрдэмыр къыщывдиIыгъакIэ, ар псэунуми щIэужьыхэжынуми фэ фи Iэ илъщ. Хьет жевгъэIэ, фызэщIэмыкIуэж, фIым фытелажьэ! Гъуэгу махуэ, вжызоIэ», - захуигъэзащ Егоровэм ныбжьыщIэхэм.
Шыпш Аслъэн и псалъэм къыщыхигъэщащ Iуэхугъуэр яфIэкъабылу къахыхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, абы зэрыщыгуфIыкIыр. «Къыхэзгъэщынут тIэкIу дэкIмэ, ди зэIущIэм дыкъыхуеплъэкIыжу, абы и мыхьэнэм дрипсалъэу зэрыхъунур. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щызэхаша IуэхузегъакIуэ къудамэхэм узэрыгушхуэ хъуну лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрызэфIахынур, ахэр жылагъуэм дежкIэ пщIэ зиIэуи зэрыщытынур. Мызэ-мытIэу зэрыжысIащи, сыт щыгъуи гугъущ ипэ уитыну, уи гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэрэ псом япэ утыкум къипхьэну. Ауэ цIыхубэм ягу къинэри, занщIэу къамыщтэми, иужькIэ гунэс ящыхъури япэ кърахьа гупсысэрщ, уеблэмэ зэувэлIэжри аращ. Дызэрыщыпсэунум, дызэрыщылэжьэнум, ди гугъэ куэдрэ зэрыщызэдгъэхъулIэнум къыхэкIыу, ди адэжь щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэмыхъуапсэ къытхэткъым. ЩIэблэр гъуэгу захуэ тедгъэувэкIэрэ фIэкIа а хъуэпсапIэхэр къызэрыдэхъулIэн нэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэу къэслъытэркъым. Дэ мы лъэхъэнэм иужь дитщ къэралым къыщыхалъхьэ сабий икIи ныбжьыщIэ пэхуэщIэхэм ди щIалэгъуалэр хэтшэным, абыкIэ псоми Iэмал зэхуэдэ яIэным. Дыхуейщ щIэблэм гукъэкI зыхуищI, и гуащIэр ирихьэлIэурэ зэхигъэувэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэнхэр езыхэм утыку кърахьэфу, ахэр зэрыIэмалыншэр ди фIэщ ящIрэ пхагъэкIыфу зэфIэкI яIэну. Аращ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэри, абы и щIыналъэ къудамэхэри зыхущIэкъунур. Узэкъуэтмэ, улъэщщ, жаIащ ди нэхъыжьхэм. ИтIанэщ дызыхуейхэр къыщыдэхъулIэнур», - къыхигъэщащ Шыпш Аслъэн.
ЗэIущIэм «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къэзыIуатэ икIи зэпкърызых видеотеплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуащ, езы еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ягъэдэхащ. Апхуэдэу къэралым и таущымрэ (гимнымрэ) «Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдымрэ екIуу игъэзэщIащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ, куэдкIэ узыщызыгъэгугъ Бэрэгъун Заур.
Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм, Лу Азэмэтрэ Шыпш Аслъэнрэ «ДыгъафIэ къалэм» щIыпIэ IуэхузехьапIэр къыщызэIухыным гуащIафIэу телэжьа егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, еджакIуэхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
ШУРДЫМ Динэ.