АНЗОРХЭ Я КЪЭБЭРДЕЙТ

Хэти щыгъуазэщ адыгэхэр иджыпсту зытес щIыналъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжым я адэжьхэр тепсэукIыу зэрыщытами, а щIыгум щыщу, лъэхъэнэ кIэщI дыдэм къриубыдэу, ди гъунэгъу лъэпкъхэм лъагъэсар зыхуэдизми.

 АДЫГЭМ и лъэм хуиту зыщиукъуэдийуэ щыта щIыналъэхэм ящыщщ ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием и иджырей губгъуэ сэтейхэри, абы ищхьэжкIэ щыIэ къуэладжэжьхэм я къыдэкIыпIэхэри. Тхыдэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэж дэтхэнэми и нэгу къыхущIэгъэувэжынущ ди лъэпкъым и къуажэ бжыгъэу а щIыпIэхэм итар зыхуэдизри… 
Апхуэдэу, Урыс-Кавказ зауэжьым ипэ къихуэу, Тэрч псым и ижьырабгъумкIэ щыIэ щIыгум, иджырей осетин жылэхэу Дарг-Кохрэ (Дэркъуэхъурэ) Брутрэ я ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ лIакъуэлIэш Анзорхэ я къуажибгъу исыгъащ. В 40-х гг. XVIII в. владение Анзоровых составляло 14 кабаков (группа аулов).
ИужькIэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм урысхэм гъунэгъу зыкъыщыхуащIым, Анзорхэ, я IэмыщIэ илъа къуажэхэр къызэщIакъуэри, а зэманым нэхъ зылъэIэсыгъуейуэ къалъытэу щыта Лэскэн и къуэладжэм и кIыхьагъкIэ зыдауфэбгъуащ. Ауэ, 1825 гъэм, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр щыфIэкIуэдыпэм, Анзорхэ къанэ щIагъуэ щымыIэу, я блыгущIэтхэр зэщIакъуэри, урыс пащтыхьыр а лъэхъэнэм иджыри зи тепщэ мыхъуа Шэшэнымрэ ДагъыстэнымкIэ яунэтIащ, а лъэныкъуэмкIэ урысхэм къащеныкъуэкъун я гугъэу. 
АрщхьэкIэ, итIани, Анзорхэ я жылэхэм щыщу Къэбэрдейм къинахэм зызэхуашэсыжри, езыхэм я унэкъуэщ пщыхэу Къесын (иджырей Анзорей), Аслъэмырзэ (Лэскэн ЕтIуанэ), Хьэту (Хьэтуей) сымэ къызэрагъэпэщауэ щыта къуажэхэм дэтIысхьащ. Анзорхэ зэхэзехуэн абы иужькIи ящIащ. Урыс-Кавказ зауэжьым и кIэуххэм уэру къызэрегъэбла истамбылакIуэм и жьы щIыIэр зыщIихуахэм ящыщщ абыхэм я жылэу Къэбэрдейм къинауэ щыта тIэкIури. Хамэ къэрал икIыжа Анзорхэ я щIэблэм тIысыпIэ яхуэхъуа къуажэхэм ноби Тыркум ущрохьэлIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Афшын къалэм пэгъунэгъуу щыс «Анзорей» адыгэ жылэри.
Лэскэн псыр къуэм къыщыдэунэхукIхэм деж сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыс къуажэм Октябрь Революцэ Иным ипэ къихуэу «Анзор Аслъэмырзэ и жылагъуэ» - кIи еджэу щытащ. АтIэми, мы напэкIуэцIми зи цIэр къыщыхэзгъэщ си къуэш Амиррэ сэрэ, дыкъыщыхъуа а жылэмрэ ди анэшыр зыдэс Хьэтуеймрэ зэрызэпэжыжьэ щIагъуэ щыIэтэкъым: а къуажитIыр зыбгъэдэс къуршыпсхэр тафэм къыщытеуфэразэхэм деж я зэхуаку дэлъыр километри 10 иримыкъущ. Апхуэдизу а тIур зэрызэпэгъунэгъур дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэм дыдихьэхын щыщIэддзагъащIэхэм сэбэп къытхуэхъужауэ щытащ.
 

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы