ЗЭПКЪРЫТХЪЫКIЭР ЗЫХУЭДЭР

Уахэ жыжьэм увыIэгъуэ зимыIэу кIэлъыплъ астрономхэм къызэралъагъурэ куэд щIакъым «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщI вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

Ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр зэман пыухыкIам къриубыдэу зэуэ щыхьэт зэдытехъуащ, теорие и лъэныкъуэкIэ щыгъуазэ пэтми, абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр зыхуэдэм - мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIыцIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр, «гужьеигъуэ» иныр къылъысарэ къигъэщIар и кIэм зэрынэблэгъар «зыхищIа» фIэкIа умыщIэну, щызэщикъузэкIэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым.

Астрофизикхэм зэрагъэбелджылащи, мащэ кIыфIым и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори зэзылъэфалIэри хэкIыпIэ яримыгъэгъуэтыжу зэпкърызытхъыпэри. Зи гугъу тщIы вагъуэми къыщыщIар аращ.

Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу VLT (Very Large Telescope), NTT (New Technology Telescope) зи фIэщыгъэхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIиша вагъуэм и кIуэдыжыкIэм кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнут.

Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивам. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы «нэрылъагъуу» фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.

Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм, нэхум зэрызидз зэманымкIэ, илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», AT2019qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зыхуэдэмрэ нэрылъагъуу зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

14.01.2026 - 11:08

Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

14.01.2026 - 11:07

ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэ

14.01.2026 - 11:06

Зы мурадым, зы пщэрылъым зэпещIэ

Къафэ екIу, уэрэд гуа­кIуэ, Iэгуауэ, цIыху нэ­фIэгуфIэхэр.