КIЫЩЫКЪУЭ КЪИЛЭЖЬА ПЩIЭ

Фэеплъ

Хэку зауэшхуэм хэта, совет парт, къэрал лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ Къущхьэ КIыщыкъуэ щыпсэуа, Налшык къалэм Лениным и уэрамым тет унэ №20-м абы и фэеплъ ­пхъэ­бгъу фIадзащ. 

Къущхьэ КIыщыкъуэ 1923 гъэм накъыгъэм и 1-м Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар ­щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутымрэ Бгы мэкъумэш институтымрэ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Мэздэгу, Дон Iус Ростов щекIуэкIа ­зэ­хэуэхэм, Кишинёв, Венгрием­рэ Австриемрэ щхьэ­хуит къэ­зыщIыжахэм хэтащ.
Зауэ нэужьым КIыщыкъуэ парт къулыкъу лъагэхэм пэрытащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжынымрэ абы зегъэужьы­нымрэ и гуащIэ хилъхьащ. 1969 гъэм къыщыщIэдзауэ 1984 гъэ пщIондэ КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щытащ. Ар хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм  и еянэ зэхуэсым и депутату, ­РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Зауэмрэ лэжьы­гъэм­рэ къызэрыщы­хэ­жаны­кIам пап­щIэ дамыгъэ лъапIэ­хэр къыхуа­гъэфэщащ. 
ПэкIур щрагъажьэм, Къущ­хьэ КIыщыкъуэ зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, бийр къыщыт­теуам ди щIыналъэм псэе­мыблэжу къыщхьэщыжа лIы­хъужь­хэм ящыщщ Къущхьэ КIыщыкъуэ. Нэмыцэ зэрып­хъуа­кIуэхэм зэхакъута республикэр къэгъэщIэрэ­щIэ­жыным зи къарурэ зэфIэкIрэ езыхьэлIахэм ящыщщ ар, - жиIащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм зи къару хэ­зылъхьахэр догъэлъапIэ. Ап­хуэдэщ Къущхьэ КIыщыкъуи. 
Налшык къалэм Зауэм, Лэ­жьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэ­хэм я ветеранхэм, пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдулаев Мустэфа и псалъэм къыхигъэщащ Хэкур зыхъума, къэзыгъэщIэрэщIэжа икIи зе­зыгъэужьа лIыхъужьхэмрэ къэралым и тхыдэмрэ щIэблэр щыгъуазэу къэгъэхъун зэры­хуейр. 
- Тхыдэм и дерсхэр ди тегъэщIапIэу адэкIэ зыдужьын хуейщ, - жиIащ КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и совет лъэхъэнэ тхыдэм къэрал лэжьакIуищым - Мэлбахъуэ Тимборэ, Ахъуэхъу Аслъэнбий, Къущхьэ КIыщыкъуэ сымэ - я цIэр къыхэнащ. Абыхэм я лэжьыгъэм пищащ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Тхыдэмрэ пщIэ зыхуэфащэ цIыхухэмрэ зэрытщымыгъуп­щэм и щапхъэщ нобэрей Iуэху щхьэпэр. 
Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Зумакулов Борисрэ Къущ­хьэ Хъусенрэ. КърихьэлIахэм ­абдеж удз гъэгъахэр щагъэтIы­лъащ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2025 - 13:57

Ислъэмей къуажэм ныпыр щохуарзэ!

Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ.

30.04.2025 - 09:29

«Зэныбжьэгъугъэ-2025»-р гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж

«Акрополь» хьэщIэщым щы­зэхуащIыжащ илъэс зыб­жанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныб­жьэгъу­гъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр.

29.04.2025 - 12:25

ФIым къыхураджэу

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр.

29.04.2025 - 09:03

Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ

29.04.2025 - 09:03

Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщ

Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл