ЩэкIуэгъуэм и 30-м ТАСС хъыбарегъащIэ IэнатIэм и пресс-центрым пресс-конференц щекIуэкIащ 2021 гъэм мэкъумэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум (микропереписым) кърикIуахэм ятеухуауэ. Абы хэтащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэ Васильев Игорь, Урысей Федерацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Лут Оксанэ, Шэ къыщIэзыгъэкIхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм (Союзмолоко) и генеральнэ унафэщI Белов Артём, Къуажэхэм щыщыIэ ныкъусаныгъэхэр къэхутэнымкIэ щIэныгъэ центрым и унафэщI Горячкэ Марие сымэ.
Видеоконференц Iэмалыр къагъэсэбэпу а Iуэхум хэтащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэрэ республикэм къыщыдэкI газетхэм я журналистхэмрэ.
2021 гъэм гъэм, Урысей псом хуэдэуи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми зыхуей хуэзэу щрагъэкIуэкIащ мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкI цIыкIур. Ар иджы япэу къызэрагъэпэщауэ арами, республикэр хъарзынэу пэлъэщащ, къулыкъущIапIэм и цIыхухэм лэжьыгъэр тэмэму кърахьэлIащ. Мэкъумэш къыхэтхыкI цIыкIум и къалэн нэхъыщхьэр зи гугъу тщIы IэнатIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэхутэнырщ, ар иужькIэ сэбэп хъунущ мэкъумэш IэнатIэм зэры-зрагъэужьыну жыпхъэхэр убзыхунымкIэ.
- ЕдгъэкIуэкIа лэжьыгъэм мэкъумэш IэнатIэр, къанэ щымыIэу, къызэщIеубыдэ, абы хохьэ мэкъумэш организацэхэр, фермер IуэхущIапIэхэр, уней хьэрычэтыщIэхэр, хадэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI щащIэ губгъуэхэр, нэгъуэщIхэри, - жиIащ Гъащтэ Аурикэ. - ЗэгурымыIуэныгъэ, зэпэщIэувэныгъэ лъэпкъ къыхэмыкIыу ядэлэжьащ ди цIыхухэр къуажэдэсым. Къапщтэ-мэ, IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ къуажэдэсхэр гуапэу къазэрыпежьэри, сыт и лъэныкъуэкIи сэбэп хъуну зэрыхьэзырри. АбыкIэ къуажэдэсхэмрэ къалэдэсхэмрэ зэщхьэщокI.
Дэ мылъкур къэзыбж, къэзыпщытэ къулыкъущIапIэхэм дащыщкъым, ди къалэныр цIыхухэм яIэу къагъэлъагъуэр ттхынращ. Апхуэдэуи ящIэну сыхуейщ: Росстатым зэхуихьэс хъыбархэр зы къэрал IэнатIи иритыркъым, республикэм щыщыIэ щытыкIэр къращIэу езыхэм яIэ бжыгъэу аращ мыхъумэ.
УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм и шыщхьэуIум, Iуэхум хуагъэса IэщIагъэлI 300-м щIигъум унащхьэ чэзууэ республикэр къызэхакIухьащ икIи щIы, былым, хадэ, губгъуэ щIапIэу яIэр ятхащ. Ахэр зэхуэзыхьэс цIыхухэм фэилъхьэгъуэ хэха ящыгъащ, планшет яIыгъащ, Роспотребнадзорым къигъэув мардэхэр ягъэзащIэу лэжьащ. Электроннэ Iэмалыр тыншу къыщIэкIащ мы гъэм икIи абы лэжьыгъэр куэдкIэ ящигъэпсынщIащ. Аурикэ зэрыжиIамкIэ, ди хэгъэгум зэкIэ спутник технологиехэмрэ къэзылъэтыхь аппаратхэмрэ къыщагъэсэбэпакъым, ауэ планшеткIэ лэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщапщытащ уней хадэу 114 426-рэ, фейдэ къегъэщIыным емыпха цIыхубэ зэгухьэныгъэу 140-рэ, мэкъумэшыщIэ-фермэ IуэхущIапIэу 4940-рэ, мэкъумэш организацэу 1753-рэ.
Урысейм щекIуэкIа мэкъумэш къыхэтхыкIым кърикIуахэр 2022 гъэм и дыгъэгъазэм утыку кърахьэнущ. Абы щыгъуэ къагъэлъэгъуэну аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ щытыкIэри. Мы Iуэхум наIуэ къищIынущ къэралым и мэкъумэш IэнатIэм нобэкIэ иIэ щытыкIэр, абы зиужьыным хухэха къэрал программэхэм къарикIуахэр, нэгъуэщIхэри.
Урысей Федерацэр зэрыщыту къапщтэмэ, пресс-конференцым зэрыщыжаIамкIэ, къыхэтхыкIым мэкъумэш IэнатIэу мелуан 17 хэтащ. Васильев Игорь къызэрыхигъэщамкIэ, къэралым и мэкъумэш IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыщыхъум къыхэкIкIэ, ар иумыгъэкIуэкIыныр Iэмал зимыIэщ, абы къегъэлъагъуэ ди къарур здынэсымрэ адрей гъэхэм елъытауэ IэнатIэм зэрызиужьамрэ. 2021 гъэм екIуэкIам нэIуэу къыхэщахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуами, абы елэжьыну хуейхэм я Iуэхум зэрызрагъэубгъур. «Ерыскъы къыщIэзыгъэкI мэкъумэш Iэна-тIэм и бжыгъэм хэщIащ. 2016 гъэм еплъытмэ, ар процент 14-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Ауэ гъэщIэгъуэнращи, а Iуэхум дихьэхауэ пэрыт хьэрычэтыщIэхэм я щIымрэ зэлэжьымрэ нэхъ зрагъэубгъу. Апхуэдэ щытыкIэр къегъэлъагъуэ хьэрычэтыщIэхэм яIыгъ гъавэщIапIэхэр нэхъыбэ зэращIам, фермэхэм яIэщIэлъ щIыпIэхэр хуэдэ 1,5-кIэ зэрыхэхъуам», - жиIащ Васильевым.
КъыхэтхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, джэдкъаз гъэшхэнымрэ кхъуэ Iыгъынымрэ нэхъыбэу зиужьауэ жыпIэ хъунущ. КъищынэмыщIауэ, гъавэ щIапIэу къащэхуамрэ бэджэнду къащтамрэ нэхъыбэ хъуащ, ауэ кIэртIофу хасэм хэщIащ. «МэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэмрэ гъавэмрэ трасэмэ нэхъ къащтэ, илъэситхум къриубыдэу абы и бжыгъэр процент 23-кIэ хэхъуащ. Хадэ зыщIэхэм кIэртIоф хэсэныр ягъэмэщIами, ар зытрасэ щIыуэ диIэр мащIэкъыми, кIэртIоф дыщыщIэнукъым», - жиIащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэм.
Урысей Федерацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Лут Оксанэ зэрыжиIамкIэ, хадэхэкIхэмрэ кIэртофымрэ елэжьхэм я бжыгъэр щIэмащIэр абы нэхъыбэ трагъэкIуадэри аращ, хьэрычэтыщIэхэм ахъшэшхуэ хамылъхьэу щIыр къагъэсэбэпмэ нэхъ къащтэри, гуэдз, хьэ, сыт хуэдэхэр трасэ. Ауэ щытыкIэр къилъытэри, Мэкъумэш IэнатIэмкIэ министерствэм 2022 гъэм хадэхэкIхэмрэ кIэртIофымрэ гъэкIыным теухуа федеральнэ проект иригъэжьащ, хадэ зиIэхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. Программэр къащта къудейуэ арами, Волгоград областыр ерыщу иужь ихьащ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэм.
Министрым и къуэдзэм зэрыжиIамкIэ, къыхэтхыкIым кърикIуахэр къыщапщытэм гу зылъатахэм ящыщщ кредиту ахъшэ къэзыщтэ мэкъумэшыщIэхэм я бжыгъэр хэхъуэу, субсидиекIэ лажьэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. КъулыкъущIэм жиIащ абы и щхьэусыгъуэри зэхагъэкIын хуейуэ къазэрыпэщылъыр. «Кредитхэр къеIыпхыну тынш хъуащи, псоми къагъэсэбэп, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ къэралым субсидие зритхэм я бжыгъэр щIыхэщIар гъэщIэгъуэнщ. Е мэкъумэшыщIэхэр абы хуэныкъуэкъым, е щIыналъэхэм субсидие къыщеIыпхыным гугъуехь пыщIащ», - жиIащ Лут Оксанэ.
ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ мэкъумэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум кърикIуахэр зэрызэрагъэзахуэу перепись убгъуам иужь ихьэн зэрыхуейр. Ар 2026 гъэм екIуэкIынущ нэхъыбэж къызэщIиубы-дэу.
НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.