ПЩЭРЫЛЪХЭР ЯГЪЭБЕЛДЖЫЛЫ

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и унэм щекIуэкIащ гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Пра­витель­ствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэхэу Къуныжь МуIэед, Говоров Сергей, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инс­пектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат сымэ.

КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­мунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Бэрбэч Алим къызэхуэсахэм яхузэпкърихащ я псэупIэр ябгынэн хуей хъууэ Херсон ­къалэ, Херсон областым и щIыпIэхэм ­къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуахэм зэрыпсэун мылъкурэ щыпсэун унэрэ зэрагъэпэ­щын папщIэ ­хухах ахъшэ зэуIумрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ къызэгъэпэща зэ­рыхъу щIы­кIэр. Зи гугъу тщIыхэм къэралым ярит псэупIэ сертификатыр яIэры­хьэным теу­хуауэ Правительствэм и уна­фэм и проектым арэзы техъуащ къу­лы­къу­щIэхэр.
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор зи гугъу ищIа унафэм и проектыр щыхьэт тохъуэ министерствэм нэгъуэщI къу­лыкъущIапIэхэм ярищIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Пра­вительствэм къыбгъэдэкIыу  КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэм­-кIэ и министрым Iэ щIидз зэрыхъунум.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм со­циальнэу къащхьэщыжынымкIэ и ми­нистр Асанов Алим дэхуэхахэм ядэIэпы­къуным пыщIа Iуэхугъуэ зыбжанэ пра­-вительствэ зэIущIэм хэтхэм я пащхьэ ­кърихьащ. КъБР-м и Iэтащхьэм унафэ зэ­рищIам тету, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхухэм къулыкъу щащIэну ираджэжа псоми мазэ къэс сом мин 25-рэ ират. Абы щыхэкIуадэ ди щIалэхэм я унагъуэхэм ­республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан зырыз хухах, уIэгъэ хьэлъэ хъуахэм дэтхэнэми - сом мин 300, фэбжь зыгъуэтахэм сом мини 100.  
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэху псоми ятеу­-хуа унафэ къащтащ, ахэр гъэзэщIэныр зи ­къалэн IэнатIэхэм яхуэгъэза пщэрылъхэр ягъэбелджылащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.