Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ есэпымкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щеджэ Насып Алим иджыблагъэ и зэфIэкIыр щигъэлъэгъуащ икIи щытекIуащ УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа «Студент стартап» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэм.
«Университет технологием епха хьэрычэтыщIэ жэрдэмхэм я утыку» къэралпсо пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым я пащхьэ адыгэ щIалэщIэм ирилъхьащ «Пкъыгъуэхэр зэрызэхэлъ Iыхьэ мащIэхэр фотоэлектрон гъуджэкIэ къызэрахутэ IэмалхэмкIэ щIыпIэм и щIыуэпсым и теплъэ зэщхьэщыхам и сурэтыр щIын» къэхутэныгъэ хьэлэмэтыр.
КъэхутакIуэ ныбжьыщIэм зэрыжиIэмкIэ, иужьрей илъэсым дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ хъумэным хуэгъэзауэ жэрдэм куэд дунейм къытохьэ, а Iуэхугъуэм цIыхухэр зэригъэпIейтейр къапщIэу псалъэмакъ Iэджэ иращIылIэ. «Шэч хэлъкъым - иужьрей илъэс щэ ныкъуэм щIыуэпсым и щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ. Абыхэм я щытыкIэр зыхуэдэр къэхутэныр, екIакIуэрэ ефIакIуэрэ зэхэгъэкIыныр щIэныгъэм и пащхьэ илъ Iуэхугъуэшхуэхэм ящыщщ. Зэпымычу уи нэIэ зытегъэтыпхъэ Iуэхугъуэу зэрыщытым, къэхъункIэ хъунухэр ипэкIэ наIуэу къэщIын хуейуэ пщэрылъ зэрыщыIэм къыхэкIыу, щIыуэпсым и щытыкIэм зэрыкIэлъыплъ Iэмэпсымэхэри зэгъэпэщын хуейуэ къытпэщылъщ. Пэжщ, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ, абыхэм къат IэмалхэмкIэ къэхутэныгъэхэр тэмэму пхуегъэкIуэкIынущ. Ауэ ебгъэфIакIуэ мыхъун щыIэкъым. Мы лъэхъэнэм щIэныгъэм зыщеужь пкъыгъуэхэр зэрызэхэлъ Iыхьэ мащIэхэр фотоэлектрон гъуджэкIэ къызэрахутэ Iэмалхэм, абы куэд зэрыхузэфIэкIынур кIуэ пэтми наIуэ мэхъу. НобэкIэ щыIэ Iэмалхэм абы нэхърэ нэхъ лъэщ яхэту схужыIэнукъым. Ар апхуэдэу щIыщытым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, фотоэлектрон гъуджэм хузэфIокI щIы щхьэфэм телъ химие пкъыгъуэхэр къилъагъун, ахэр зэрызэхэт Iыхьэхэр зэхигъэкIын. Абы къыщынэркъым. Химие пкъыгъуэхэм яIэ щытыкIэр еубзыху, я гъэпсыкIэр, Iувагъыр, зыхэлъ щIыгулъым и фIагъыр къызэриIэтыр е и ягъэ зэрекIыр къегъэлъагъуэ. Дызэрыщыгъуазэщи, Урысейм щIыуэпсым и къабзагъыр IэмалитIкIэ къыщахутэ: гъуэз хромографрэ нэхур щытепсэкIэ и теплъэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэр къызэрыщIагъэщ фотокалометрие IэмалкIэ. ТIуми еплъытмэ, зи гугъу тщIы фотоэлектрон гъуджэм и зэфIэкIхэр куэдкIэ нэхъ инщ. ЖыпIэ хъунущ абы пкъыгъуэр «зэприлыгъукIыу» къихутэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм и щIыуэпсым и къабзагъыр зыхуэдэр гъащIэм хэтпщэну дызыхуей IэмалхэмкIэ къэхута хъуакъым. Къалэхэми къуажэхэми гъуэзыр здынэмыса щыIэкъым. Гъуэзыр иса нэужькIэ, хьэуам хыхьэ уэзым (углекислый газ) зэхъуэкIыныгъэ зритыр дызэрыбауэ жьым и закъуэкъым, зехъуэж щIыгулъым и пкъыгъуэми, мэзым и гуащIэми, нэгъуэщIхэми. ЩIыуэпсым щекIуэкIыр пщIэным и закъуэкъым фIыр, атIэ абы зэхэхауэ ущыгъуэзэнри дызытет дунейр зэрытхуэхъумэфынум шэсыпIэ хуэхъу бгъэдыхьэкIэщ. Абы теухуауэ упсалъэмэ, фотоэлектрон гъуджэр Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ иджыри къыздэсым зихуэдэ къэмыхъуа къэхутэныгъэщIэщ. Ди хъуэпсапIэщ ар къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэрэ пэхуэщIэу къэмынэжу и щхьэпэ къызэрыкI Iуэхуу гъащIэм хэтпщэну», – жиIащ Насып Алим.
Зэхьэзэхуэм къит IэмалхэмкIэ Алим щогугъ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэ щхьэхуэхэр къихутэу лъэбакъуэ пыухыкIахэр ичыну, щIыуэпсым и къабзагъым и мардэр зэхигъэгъэкIыну. Ар къызэщIэзыкъуэж пэхуэщIэуи фотоэлектрон гъуджэ зытраха Налшык къалэмрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ я щIыуэпс картэр зэхагъэувэну щогугъ. ЩIыуэпс картэр зыхуэдэм пэхуэщIэм хэхауэ хуащIа сайтым хэти зыщигъэгъуэзэфынущ.
Къыхэгъэщын хуейщ пэхуэщIэм щIалэщIэр гупым хэту зэрелэжьыр. Абыхэм я унафэщIщ физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м нанопкъыгъуэхэм я физикэмкIэ и кафедрэм и доцент Къалэжьокъуэ Замир. Гупым хэтщ Насып Алим къыдеджэ КIуэкIуэ Ахьмэдрэ Мысостышхуэ Владимиррэ, магистратурэм и япэ илъэсыр езыхьэкI Жэмбэч Азэмэт, 3-нэ курсым щIэс Пекъу Амир, университетыр къэзыуха Дзырей Мурат сымэ.
«Дызэлэжь пэхуэщIэм зедгъэужьыну, абы дыкъыщымыувыIэу зедгъэубгъунуи дыщогугъ. Псом хуэмыдэу дыхуейщ запытщIэну гъунэгъу щIыналъэхэм. Мы лъэхъэнэм Ингуш къэрал университетым зэгурыIуэныгъэ зэретщIылIэнум догупсыс», – жиIащ Насып Алим.
«Студент стартап» зэхьэзэхуэм мыхьэнэ иIэу къалъыта пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэу мин хуэдиз пхыкIащ. Абы щыщу плIыр зейр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэрщ. Апхуэдэу нэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ Шортэн Данэ и «Posture analyze concept», Мит Динарэ и «Demetra. Ныбэм ихъуа лъхуащIэм зэрызиужьым зэрыкIэлъыплъ программэр», Гериев Эльнурхъан и «Урысейм бренду къыщалъытэ щыгъыныгъуэхэр зэращэну маркетплейс» къэхуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа цIыху миным дэтхэнэми сом мелуан зырыз иратынущ. Ахъшэр ныбжьыщIэхэм трагъэкIуэдэнущ къыхалъхьа жэрдэмхэм, щIэныгъэр зи тегъэщIапIэ технологие зэмылIэужьыгъуэхэм зрагъэужьынуи Iэмал хъарзынэхэр яIэнущ. Стартап утыкухэм зегъэубгъуныр къэралым и технологие щхьэхуитыныгъэр гъэбыдэным хуэунэтIащ.
НыбжьыщIэ жэрдэмрэ щIэныгъэ зэхэщIыкIрэ уиIэмэ, уи лъэр жану щIэкIынущ, Iэджэ хъуэпсапIэми унэсынущ. Къэралпсо зэхьэзэхуэхэм апхуэдэу екIуу хэтыф, къэхутэныгъэ хьэлэмэт дыдэхэр абы нахьэсу гулъытэ къыхуезыгъэщIыф ди щIалэгъуалэм уащымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди ныбжьыщIэхэм я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэрэ зыщыщ лъэпкъым и цIэри дэни нагъэсу лэжьыгъэфI ирахьэкIыну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ Динэ.