КIУЭКIУЭ КАЗБЕК ХУЭЗАЩ УФ-М ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ СОЦИАЛЬНЭ ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМКIЭ И МИНИСТР КОТЯКОВ АНТОН

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон.

Нэхъ япэкIэ Урысейм и Президент Путин Вла­димир видеоконференц щIыкIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыхигъэщхьэхукIауэ щытащ сабий зиIэ унагъуэхэм гулъытэ хэха зэрахуэщIыпхъэр. Президентым къигъэува а къалэнхэрщ щIыналъэм и унафэщIымрэ федеральнэ министрымрэ зытеп­сэлъыхьар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар. Апхуэдэу зэIущIэм щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социальнэ зыужьыныгъэм пыщIа   Iуэ­хухэм, цIыхухэм къаIэрыхьэ хэхъуэр къэIэтынымкIэ щыIэ хэ­кIы­пIэхэм.
Президентым къигъэува Iуэхухэм япкъ иткIэ  2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ щIыналъэ псори хуэкIуэнущ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ хэхам - сабий зэрагъуэтам икIи ар зэрапIым папщIэ уна­гъуэхэм мазэ къэс ахъшэ  етыным.  А  ахъшэм  хыхьэнущ иджыпсту  унагъуэхэм ират дэIэпыкъу­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэу блы икIи бюд­жетым къыхэкI а дэIэпыкъуныгъэр унагъуэхэм хухахынущ сабийр къыщалъхуам щегъэжьауэ абы и ныбжьыр илъэс 17 ирикъуху. Унагъуэ хуэны­къуэхэм апхуэдэ ахъшэр хуагъэувынущ электрон теплъэ иIэу ят лъэIум ипкъ иткIэ. Путин Влади-мир къыхигъэщ­хьэ­хукIащ ­Iуэхур тэмэму зэтеуб­лэным мыхьэнэшхуэ  зэриIэр.
Котяков Антонрэ КIуэкIуэ Казбекрэ зэпкъра­-хащ сабийхэм папщIэ яубзыхуа дэIэпыкъуныгъэр къы­зэгъэпэщынымкIэ хэкIыпIэхэр.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыху-хэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етын» къэрал программэр гъэзэщIэным сом мелард 17,7-рэ, абыхэм ящыщу сом мелард 11-р - сабий зиIэ  унагъуэхэм  защIэгъэкъуэным хухахащ. Республикэ бюджетым и дэIэпыкъуныгъэм къызэ­щIиу­быдэнущ сабийуэ мини 116-м щIигъу зэрыс унагъуэу мин 83-рэ. Сабийхэм щIыналъэ, федеральнэ бюджетхэм къахэкIыу ират ахъшэм хагъэхъуащ респуб­ликэм ис цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр къызэраIэтам, апхуэдэу ахъшэм и пщIэм зэ­ры­кIэрыхун-кIэ хъунум тещIыхьауэ. Социальнэ ахъшэр  и зэманым икIи нэгъэсауэ зыхуэфащэ­хэм ират.
«Иужьрей илъэсхэм Урысейр хуокIуэ сабийхэр илъэс 17 ирикъуху адэ-анэм зэрадэIэпыкъуну ­щIы­кIэр зэтегъэувэным. Апхуэдэ политикэм и фIыщIэкIэ дэ социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр зэ-рытхъумам къыдэкIуэу, унагъуэхэм, абыхэм уна­гъащIэхэри яхэту, я псэукIэр едгъэфIэкIуэн тху­зэ­фIэ­кIащ, экономикэ гугъуехьхэм, пандемием къыдата хэщIыныгъэхэм емылъытауэ», - къыхигъэщ­хьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек, зэIущIэм къри­­кIуахэм щытеп­сэ­лъыхьыжым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п