ДОХУТЫР НЭХЪЫФIХЭМ ЯЩЫЩЩ

Москва щагъэлъэпIащ перинатальнэ медицинэмкIэ «Первые лица» IX урысей саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр. Интернет-IэIэтым кърикIуа­хэмкIэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм перина­тальнэ диагностикэмкIэ штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщ­хьэ, ХьэцIыкIу А. и цIэр зе­зыхьэ Шэджэм район сымаджэщым и акушер-гинеколог, УЗИ-дохутыр Балъкъыз Заремэ.

Урысейм и перинатальнэ м­е­дицинэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа Iэ­щIагъэлIхэм я зэфIэкIыр къра­­лъытэу нобэкIэ щыIэр  мы саугъэтым и закъуэщ. Ар 2013 гъэм къыхалъхьащ Пе­ринатальнэ медицинэмкIэ Iэ­щIагъэлIхэм я урысей ассо­циацэмрэ Медицинэмрэ узын­­­шагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэмрэ зегъэужьынымкIэ зэ­гухьэныгъэмрэ. Iуэхур яди­Iыгъащ УФ-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерст­вэм.
Зэпеуэм хэтащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыщу дохутыр 69-рэ. Саугъэтым хущIэкъухэм я зэ­фIэкIыр къэзыпщытэ гупым нэхъыфIу къалъыта IэщIагъэлI 29-м яхэхуащ Балъ­къызыр. АдэкIэ текIуэныгъэр зыхуагъэфэщахэр цIыхубэм интернет-IэIэткIэ къыхахащ. Абдежым наIуэ къыщыхъуащ Заремэ цIыхухэм фIыуэ ­ялъагъу икIи ялъытэ дохутыр Iэзэу зэрыщытыр.
«Зэпеуэм хэтхэм я цIэ-унэ­цIэ­хэр къыщыслъэгъуам, те­кIуэныгъэм сыхуэкIуэныр ­къэ­гъэнауэ, абы сыхыхьэну схуэ­фащэу пIэрэ жысIэу сы­зы­щIэгупсысыжат, - жеIэ Балъ­къызым. - Абы хэтт зэфIэ­кIыш­хуэхэр зиIэ реанимато­лог­хэр, унэтIыныгъэм зыу­жьы­ныгъэщIэхэр хэзылъхьа IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр, зы­пэрыт IэнатIэр зэпэщу зэте­зыубла унафэщIхэр. Пэжщ, сытым дежи си лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрызгъэзэщIэным сы­хущIокъу, ауэ абыхэм елъы­тауэ, зыкъызэрысщыхъужыр къызэрыгуэкI дохутырущ. Iэ­щIагъэлI нэхъыфIхэр къыщ­рабжэкIым, абыхэм яхэту си цIэр къызэрыраIуар гуапэ сщы­хъуащ».
Балъкъыз Заремэ лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэ доху­тырщ: ар илъэс 26-рэ хъуауэ щолажьэ сымаджэщым. Я уэндэгъугъэм тегузэвыхь бзылъ­хугъэ куэдым ар сэбэп яхуэхъуащ, и чэнджэщ щхьэ­пэхэмкIэ, щы­уагъэншэу ищI УЗИ къэп­щытэныгъэхэмкIэ цIы­хубзхэм я Iуэхухэр тынш ящищIкIэрэ. Зыхэт гупым и пщIэр щы­лъагэщ, зэIэзэ бзылъ­­хугъэхэр къыхуэа­рэ­зыщ. Къищы­нэ­мыщIауэ, Заремэ жыджэру хэтщ перинатальнэ медицинэмкIэ къэралым щрагъэкIуэкI щIэныгъэ зэхы­хьэхэм.
И лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкI-хэм папщIэ Балъкъызым ­къы­­хуа­гъэфэщащ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхы­лъыр.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.