ХЪЫМЫЩКIЕЙ - ХАМЫШКИ

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр I6 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.

ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэмыщэ» жыхуиIэ адыгэ цIыхухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй»-кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэшэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэрыIуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъэхэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и «кIий» етIуанэ Iыхьэм.

Тхыдэм щыщу

Адыгэхэм я Хэкужьыр, щIыпIэрысхэр зэхэзехуэн ящIу, къыщазэуа иужьрей илъэсхэм ящыщ I862 гъэм и щIымахуэкIэм урыс пащтыхьыдзэр абазэхэхэм щебгъэрыкIуэм, лъэныкъуитIри хуабжьу щызэпэщIэувауэ щытащ Щхьэгуащэ зыдэт тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ Хьэджэхъу и Iэшэлъашэм. АрщхьэкIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлIхэм, топхэри ящIыгъурэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, бгырысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. ИкIи мэлыжьыхьым и 26-м зэрыпхъуакIуэхэр ихьащ зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжымм деж тIуащIэм ину зыщиубгъуа сэтей-хьэкхъуафэм.      

ЖыпIэнур арамэ, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щыпэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и I4-м ирихьэлIэу, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ ХъымыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м зыщагъэбыдэну.    

Илъэс зыбжанэ дэкIа иужькIэ, I869 гъэм, адыгэхэр я Хэку имысыжу «Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр мы щIыпIэм къыщагъэунэхуащ.

Ди тхыгъэм и кIэм дызыщыгуфIыкI хъуну зы Iуэхугъуи къыхэдгъэщынщ. Ар сыт жыпIэмэ, мы жылэм иужьрей лъэхъэнэхэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэри дэтIысхьэж зэрыхъуарщ. 

 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.