ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И IУЭХУР – КЪЭРАЛМИ И IУЭХУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий и унафэм щIэту иджыблагъэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ пэхуэщIэхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ екIуэкIащ.

Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Къуныжь Вячеслав, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мокаев Ашэмэз, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ ТIымыжь Хъусен сымэ.

КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мокаев Ашэмэз зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Жылагъуэ жыджэрагъ», «ЩIалэгъуалэм и зыужьыныгъэ», «Хэкупсэ гъэсэныгъэ» щIыналъэ пэхуэщIэхэр (проектхэр) зэрагъэзащIэм, абы и лъэныкъуэкIэ хэгъэгум щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, гу зылъата щыщIэныгъэхэм. Мокаев Ашэмэз и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, пэхуэщIэхэр зэщIа хъуным гуащIафIэу толажьэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ пыщIа къэрал икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэр, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, волонтер зэщIэхъееныгъэхэр.

«Волонтёр зэщIэхъееныгъэм щIыналъэхэм зыщаужьыным хуэунэтIа Урысейпсо зэхьэзэхуэм» ипкъ иткIэ къыхалъхьауэ КъБР-м иджыпсту щагъэлажьэ «Жылагъуэ жыджэрагъ» пэхуэщIэр зыхуей хуэзэу зэщIа хъун папщIэ мелуни 7,75-рэ къыхуаутIыпщаш. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхилъхьа «IуэхуфIхэм я щIыналъэ» пэхуэщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ, абы къызэщIиубыда жэрдэмхэр мыхьэнэ зиIэу икIи гъэзэщIэгъуафIэу къалъытащ. Жьы хъуахэмрэ дэIэпыкъуэгъуншэу къэнахэмрэ ядэIэпыкъуным, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытхэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуным, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэным, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми епха жэрдэмхэм кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу, цIыху нэхъыбэ хохьэ.

Абы къищынэмыщIауэ, Мокаев Ашэмэз и гугъу ищIащ «ЩIалэгъуалэм и зыужьыныгъэ», «Хэкупсэ гъэсэныгъэ» пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным епхауэ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм икIи абы кърикIуэнухэр 2022 гъэм и кIэхэм наIуэ зэрыхъунур.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къулыкъущIапIэщIэ къызэрыщызэIуахам къыхэкIыу, щIыналъэ пэхуэщIэхэр зэщIа хъун щхьэкIэ зэфIигъэкIын хуейхэмрэ къыпэщылъ къалэнхэмрэ советым щрипсэлъащ. Апхуэдэу щIэуэ къызэрагъэпэща министерствэм и унафэщI Лу Азэмэт зэIущIэм щызэпкърах Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэм щытепсэлъыхьащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ