СТАВРОПОЛЬ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Ставрополь щекIуэкIащ «На высоте» щIалэгъуалэ урысейпсо фестивалыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ цIыху 2500-рэ, Урысейм и щIыналъэ 67-м икIа волонтёрхэр къызэщIиубыдэу.

Ар ирагъэжьащ фестивалым хэтхэм я парадкIэ. Абы и программэм къызэщIиубыдэрт макъамэ, къафэ, театр, журналистикэ, видео, арт унэтIыныгъэхэр. КъищынэмыщIауэ, абы хыхьэу ирагъэкIуэкIащ егъэджэныгъэ мастер-классхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, урыс эстрадэм и уэрэджыIакIуэхэр зыхэта нэгузыужь концерт гукъинэжхэр. Фестивалым япэу щагъэлъэгъуащ «Золотая бронза» фильмыр, Беслъэн къалэм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыпсэу цIыхухэм я гъащIэмрэ псэукIэмрэ теухуар.

Ди республикэм щыщу фестивалым зыкъыщагъэлъэгъуащ Тэрч районым хыхьэ Инэрыкъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къызэгъэпэщакIуэ Абазэ Дианэ («ЦIыхубэ уэрэдхэр гъэзэщIэн» лIэужьыгъуэмкIэ, «Адыгэ хабзэ» уэрэдыр); егъэджакIуэ-концертмейстер, Шэджэм къалэм и Сабий музыкэ школым и художественнэ унафэщI КIэрэф Вячеслав («Кавказ пшынэ» лIэужьыгъуэмкIэ, «Уэркъ къафэ» макъамэр); Приближнэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Квициани Нателлэ («Эстрадэ уэрэдхэр» лIэужьыгъуэмкIэ, «Мой Кавказ» уэрэдыр); Май къалэм ЩэнхабзэмкIэ «Россия» зи фIэщыгъэ и унэм и хормейстер Баликоевэ Викторие («Езыр-езыру яусыжа уэрэдхэр», «Я буду любить» уэрэдыр).

КъэпщытакIуэхэм фестивалым хэтахэм я нэхъыфIхэр къагъэлъэгъуащ. Абазэ Дианэ зэпеуэм и лауреат хъуащ. Квициани Нателлэ къыхуагъэфэщащ Иджырей гъуазджэхэмкIэ институт Полтевэ Маринэ и цIэр зезыхьэм щеджэну хуитыныгъэ къезыт грантыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.