АДЫГЭХЭМРЭ ВАГЪУЭХЭМРЭ

Гъуэгу техьамэ, зекIуэлIым гъуазэ иIэн хуейщ, мыгъуэщэн щхьэкIэ. Псыжьрэ Тэнрэ яку дэлъ губгъуэ нэщIым щихьэкIэ, адыгэ шум и гъуазэт уафэ бзыгъэм къитIысхьэ вагъуэхэр. Шыхулъагъуэм иригъуазэурэ, ар Тэн зэпрыкIырти, Индыл нэсырт, гъуни нэзи зимыIэ губгъуэ нэщIым щигъуэщыхьи къэхъуртэкъым. ЗекIуэлIым дежкIэ гъуазэ хъурт Вагъуэзакъуэр, Вагъуэбашыр, Вагъуэабрэджыр, Нэхущвагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, Вагъуэбыныр. Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху зэрыщыр ищIэрт зекIуэлIым, и пIэм зэи имыкI Вагъуэзакъуэм иригъуазэурэ, ипщэри ищхъэрэри, къуэкIыпIэри къухьэпIэри игъэнахуэрт. Вагъуэхэм иригъуазэурэ шу гупыр зекIуэ зышэф шу пашэм пащI щыIакъым, абы пщIэшхуэ иIэт. ЗекIуэ ежьэн хъумэ, дзыхь ирагъэзырт, ар я пашэмэ, зэрымыгъуэщэнур ящIэрти.
Гъэ зэблэкIыгъуэр къызэращIэ гъуазэхэм ящыщщ ВагъуэбэкIэ зэджэр. Пасэрейхэм гу лъатащ Вагъуэбэр «щIым къыщыхэкIым», ар «гъавэм щыхэплъэм», «жыг щхьэкIэм щыхыхьэм», «щIым щыхыхьэжым». Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэхэм (гъатхэпэм и 21 - 22-м) Вагъуэбэр «щIым къыхэплъауэ» къалъытэрт: махуэмрэ жэщымрэ я кIыхьагъкIэ зэхуэдиз хъурт абдежым. Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм илъэсыщхьэкIэ еджэу щытащ, гъатхэр къихьауэ щабжыр а махуэрат. Вагъуэбэр «гъавэм къыхэплъамэ» (мэкъуауэгъуэм и 21 - 22-м), нэгъуэщIу жыпIэмэ, махуэм щикIыхьыгъуэм, жэщым щикIэщIыгъуэм, гъэмахуэр къихьауэ къалъытэрт. Вагъуэбэр «жыг щхьэкIэм хыхьамэ» (фокIадэм и 21 - 22-м), махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдиз щыхъужым, бжьыхьэр къихьауэ къалъытэрт, ар «щIым хыхьэжамэ» (дыгъэгъазэм и 2I - 22-м), махуэм щикIэщIыгъуэмрэ жэщым щикIыхьыгъуэмрэ, щIымахуэр къихьауэ ябжырт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.