Зэи зыри къытекIуакъым«Тыркум и цIыхушхуэ-хэр» - аращ зэреджэр «Дунейпсо пелуан Догу Яшар» тхылъыр зыхиубыда къыдэкIыгъуэм. «СЭ ДОГУ Яшар и бынитхум сранэхъыщIэщ, - къызэIуех тхылъыр доктор Догу Газанфер. - Си адэр дунейм щехыжам, илъэсибл фIэкIа сыхъуртэкъыми, си нэкIэ слъэгъуар мащIэщ, ауэ си анэм, си анэшы-пхъум, си шыпхъу нэхъыжьхэм, си адэкъуэшхэм, ди адэм и ныбжьэгъуу щытахэмрэ зыцIыхуахэмрэ я деж щызэхэсха гукъэкIыж си куэдщ». «Догу Яшар 1913 гъэм Самсун пэгъуэнэгъу Кавак къуажэм дунейм къыщытехьэри, илъэс 13-кIэ абы щыпсэуащ. И адэр Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда нэужь, щIалэ цIыкIур и анэм и дыщ къуажэ Эмирли Iэпхъуэжащ. Илъэс 15-м щегъэжьауэ ар пелуанхэм яхэту къэхъуауэ жыпIэ хъунущ», - етх тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Севен Ахъмэт. ГъукIэ (и унэцIэ дыдэр аращ) Яшар дуней утыку щихьар 1939 гъэращ. А илъэсым ар япэу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Ослэ къалэм Европэм и чемпион щыхъуат. 1948 гъэм адыгэ щIалэр Лон-дон щекIуэкIа Олимпиадэм Тыркум щыщ япэ чемпион щыхъуащ. Илъэсищ докIри, ар дуней псом щытокIуэ. Зытетхыхьым пщIэ зэрыхуищIыр наIуэу, Севен Ахъмэт зэхуихьэсыжа гукъэкIыжхэр щыхьэту къоув, бэнакIуэр Iэпкълъэпкъ узын-шэ зезыхьэ адыгэлI быдэ къудей мыхъуу, цIыху губзыгъэуи зэрыщытам. ГъукIэ Яшар хужаIа псалъэ дахэхэм къадэкIуэу, Севен къехь езы Яшар итха жыIэгъуэ щIэщыгъуэхэри, абы хузэхалъхьа усэхэри. Гукъинэжщ чемпионыр утыку щихьэкIэ тхьэ зэрелъэIуу щытари: «Я Алыхь, симыкIуэтыну лъэ быдэрэ къарурэ къызэт. УкIытэгъуэ сумыгъахуэ». Догу Яшар зэи утыку щыхагъэщIакъым. Абы къыхэкIкIэ ГъукIэм псори «БэнэкIэм и пащтыхькIэ» еджэрт. Адыгэ щIалэм и щIыхькIэ илъэс къэс Самсун къалэм щокIуэкI дунейпсо зэхьэзэхуэхэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|