Литературэ фестивалыр зэхуащIыжНалшык и Къэбэрдей уэрамым и «Периметр» арт-IуэхущIапIэм щызэхуащIыжащ шыщхьэуIум и 9-11-хэм ирагъэкIуэкIа «Букля» литературэ фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Букля» литературэ клубымрэ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрымрэ, Урысей щIалэгъуалэм я грант дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ.
Фестивалыр щызэхуащIыж махуэр гукъинэж хъуащ. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и аспиранткэ Битокъу Тамарэ зэхуэсым хэтхэм къахуеджащ «Изучение истории по мемам и анектодам» лекцэм. Гупыж зыщIа дэтхэнэ тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэми Iэмал иIащ фестивалым хэтахэр я IэдакъэщIэкIхэм хагъэгъуэзэну. «Букля» литературэ клубымрэ зэхыхьэмрэ къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зы, «Шёлковый умник» орденыр зыхуагъэфэща КъБР-м и щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Жаным Саидэ жиIащ 20I7 гъэм къызэIуаха «Букля» клубым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд зэрыщызэпкърахар. Мыбыхэм я къалэн нэхъыщхьэр тхэным зэфIэкI щызиIэхэмрэ япэ лъэбакъуэ зычхэмрэ зэрагъэцIыхунырт, иужьрейхэм зрагъэужьынырт.
- Ди клубым цIыху нэхъыбэ къыхыхьэну, зыдужьыну си хъуэпсапIэщ. ТхакIуэхэм нэхърэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэр зэрынэхъыбэм гу лъыботэ. Дауэ хъуми, дызэхуэсурэ я лэжьыгъэхэм дытепсэлъыхьын хуейщ, - жиIащ Жаным Саидэ. - Фестивалыр цIыху 50-м тетщIыхьами, нэхъыбэ къызэрекIуэлIар - махуэм къриубыдэу цIыхуи 100, дауи, гуапэщ. Къалэдэсхэр гуп-гупу къакIуэурэ къызэрыдэдэIуамрэ къызэрыдэплъамрэ уасэншэщ.
Фестивалым хыхьэу «Зачем писатели пишут, а читатели читают» лекцэм къызэхуэсахэм къахуеджащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, журналист Битокъу Маринэ. Ар теухуат литературэм и мыхьэнэм, тхылъ еджэным нобэ иIэ пщIэмрэ щIэупщIэмрэ. Абы къыпащащ психологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэгъуей Будимир, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ХъуэкIуэн Мурат сымэ. Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ режиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александр и «Русский ковчег» фильмыр.
Фестивалым къекIуэлIахэм ар гъэщIэгъуэн зэращыхъуам къыхэкIыу, абы дяпэкIи пащэну яубзыхуащ. Зэхыхьэр щиухым къыхалъхьащ абы хэтахэм я лэжьыгъэхэр зэхуахьэсу къыдагъэкIыжыну.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|