Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ

Гъуазджэ

 

Тхыдэ гъэщIэгъуэн, ехъулIэныгъэ инхэр зиIэщ Налшык дэт Лъэпкъ лъахэхутэ музейр. Абы и гъэтIылъыгъэхэр республикэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я блэкIамрэ я нобэмрэ къэзыгъэлъагъуэ щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэу ипэжыпIэкIэ къалъытэ.

 Ди республикэм и мызакъуэу, ди къэралым и щIыналъэ куэдым къыщащIэ Лъэпкъ музейм щызэхуахьэса, щахъумэ гъэтIылъыгъэхэр. Абыхэм яхэлъщ сурэт гъэщIэгъуэнхэр, хьэпшып хьэлэмэтхэр, дэфтэр купщIафIэхэр – ди республикэм и блэкIамрэ и нобэмрэ наIуэ къыпщызыщI куэд. Илъэс 90-м щIигъу гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа а IуэхущIапIэр я нэхъыщхьэщ I983 гъэм республикэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта Музейхэм я зэгухьэныгъэм. Мы зэманым зэгухьэныгъэм и щIыпIэ къудамэхэм заубгъуащ, республикэм и район зэхуэмыдэхэм щыIэ музейуэ 9 хохьэ абы. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейр, ЩоджэнцIыкIу Алий и унэ-музейр, нэгъуэщIхэри.

Музейм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Къалэдэсхэм я мызакъуэу, абыхэм кърохьэлIэ хамэ щIыпIэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр.

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэмрэ щэнхабзэ щIэинхэмрэ хъумэнымкIэ зэфIих лэжьыгъэфIым папщIэ Лъэпкъ музейм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ СССР-м, РСФСР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумхэм къабгъэдэкI ЩIыхь, щытхъу тхылъхэр. IуэхущIапIэм щIэблэм ядригъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэ купщIафIэр къалъытэри, 20I0 гъэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 65-рэ щрикъум, музейм къратащ УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI медалыр. Апхуэдиз ехъулIэныгъэр, дауи, езыр-езыру къакIуэркъым. Абыхэм я щIыбагъ къыдэлъщ Лъэпкъ музейм и унафэщIхэм, псэ хьэлэлу зи лэжьыгъэр езыхьэкI абы и IэщIагъэлIхэм я егугъуныгъэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым

11.11.2026 - 10:01

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

11.11.2026 - 09:03

Iэсият и IэрыкI гъуэзэджэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ СэвкIуий Iэсият и Iэдакъэ­щIэкI лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэ­гъуэныгъэ.