САБИЙ ПОЛИКЛИНИКЭР КЪЫЗЭIУАХЫЖАЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 15-м еплъащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэу тIум. Ахэр республикэм и къалащхьэм капитальнэу щызэрагъэпэщыжри къызэIуахыжащ.

- Япэрейр -Хмельницкэм и уэрамым тет сабий поликлиникэрщ. Зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ поликлиникэ №2-м и унэщIэри. Ахэр зыхуей хуэгъэзэным пыщIа лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и пэублэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм тету.
 Унэхэм псы зэрекIуалIэ, зэрагъэплъ системэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, унэ лъэгухэр щызэрахъуэкIащ, мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ Iэмэпсымэхэр щIэуэ щагъэуващ. Языныкъуэ пэшхэм я куутIхэр ягъэIэпхъуэри, сымаджэхэм я Iуэхур нэхъ зэрыдэкIыным хуащIащ, апхуэдэу бжьыхьэ-гъатхэ лъэхъэнэм къежьэ уз зэрыцIалэхэр зыпкърытхэр щхьэхуэ щIын зэрыхуейр къалъытащ.
 Сабий поликлиникэр нэрылъагъуу нэхъ екIу хъуащ. Абы и пэшхэр нэхущ, зэщIэкъуащ, иджырей унэлъащIэхэмкIэ къызэгъэпэщащ икIи щылажьэхэми къекIуалIэхэми я Iуэхур абы нэхъ тыншу щыдэкIынущ.
Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет поликлиникэ №2-м и щIыбыр екIуу зэрахьащ, абы хэт лифтыр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ.
Урысейм и Президентым и жэрдэмкIэ узыншагъэр хъумэнымкIэ пэублэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ ирагъэжьа икIи Урысей Федерацэм и Правительствэм, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ ягъэзащIэ программэм ипкъ иткIэ ди республикэм щIэуэ щаухуащ е капитальнэу щызэрагъэпэщыжащ медицинэм и IуэхущIапIэу 50.
Ди деж иджырей медицинэ IэмэпсымэщIэу 140-рэ, абыхэм рентген, эндоскоп комплексхэр, ультразвук, КТ, МРТ аппаратхэр яхэту, щагъэуващ.
Иджыпсту республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм проект ину зыбжанэ щагъэзащIэ. Налшык къалэм иджырей поликлиникэ, онкологие диспансер дащIыхь, Эльбрус поселкэм участкэ сымаджэщ щаухуэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите