НАЛШЫК ДЫГЪЭIЭПХЪУЭЖ

КIэ зимыIэ хъыбархэм зыщIыпIэ щытекIуахэр, япэ увыпIэ къэзыхьахэр, зи цIэр хуабжьу Iуахэр къахэтпхъуэтыкI щхьэкIэ, гъащIэм и IэфIыр зыхъумэр пщIэи щIыхьи мылъыхъуэу, и напэм къыжриIэр зыщIэхэрщ. Налшык теухуа гукъыдэж дахэ къызэрыхэщым дригъэхъуапсэри, жытIэр уи фIэщ зыщI зы къэхъукъащIэ адыгэбзэм къэдгъэIэпхъуащ ди щIэджыкIакIуэхэм папщIэ. 
 «Документ гуэрхэм я ужь ситу Налшык сыкъакIуэрэ пэт, автобусым си бохъшэр щыскIэрыхуауэ е щрадыгъукIауэ къыщIэкIащ. Си жыпым жьгъей илъти, маршруткэм естыну ар схурикъуащ. Аращ собесым сынэсыху сызэрыбохъшэншэм (банкым ахъшэ къызэрисх картэри абы дэлът) гу щIылъызмытар. Си чэзур къыщысынум сежьэу сетIысэха нэужьщ а псом гу щылъыстар. Къыщызэджэнум сыпэплъэу сыздэщысым си сумкэм соIэбэри, бохъшэр дэлъкъым. Угужьеинтэкъэ?! Си нэпсхэр щIэту си щхьэгъусэм телефонкIэ сопсалъэ, бохъшэр зэрысфIадыгъуари гъуэгупщIэ зэрызмыIыгъри жесIэу. «ЗгъэкIуэдами ядыгъуами сщIэркъым, дауэ сэ сызэрынэкIуэжынур?» - си гъы макъым сыхуэсакъынуи сигу къэкIыжакъым. Абы мыгувэу къакIуэу сишэжыну сыкъегъэгугъэри, зыгуэру сегъэбэяуж. Асыхьэтым, фи фIэщ хъурэ, сэ сэщхьу и чэзум пэплъэу цIыхухъуихрэ цIыхубзитIрэ щысти, ДЭТХЭНЭ ЗЫМИ и жыпым соми I00 е 200 кърихри, къызбгъэдыхьэурэ си жыпым къракуащ. «Хэт апхуэдэ къызыщымыщIыр?» - жаIэурэ сытрагъэурт, самыгъэукIытэн щхьэкIэ. СызыщIыхьэн хуей кабинетым щIэсхэми къэхъуар зэхахати, сом сIамыхыу напэ 30 ксерокопие схуащIри къызатыжащ. Къалэм сыщыщтэкъыми, игъащIэм сымылъэгъуа цIыхухэр къызэрысхущытыр зэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу сыкъэуIэбжьат. Ар къыщыхъуар ди къалэрауэ щытамэ, цIыхухэр къыпщыдыхьэшхынти блэкIынт. «КхъыIэ, Налшык дыгъэIэпхъуэж, ди сабийхэр апхуэдиз цIыхуфI зыдэс къалэм къыщыхъун хуэдэу», - жызоIэри солъэIу иджы си щхьэгъусэм». 
Хъыбарыр зэбгрызытыкIар «Черкесский ренессанс» телеграм напэкIуэцIырщ. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.