ЛАВРОВ СЕРГЕЙ ХЬЭРЫП КЪЭРАЛХЭМ ЩОХЬЭЩIЭ![]() «Коммерсант» газетыр топсэлъыхь УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей Перс хыдэуапIэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ хьэрып къэралхэм зы мазэм къриубыдэу иджы етIуанэу зэрахыхьэр. Урысеймрэ Сауд Хьэрыпыр зи пашэ къэралхэмрэ щIыдагъэ къыщIэхынкIэ дунейм щыпэрыту зэрыщытырщ Лавров Сергей тхьэмахуэ кIуам Бахърейн, дызэрытым – Сауд Хьэрыпым зэрыкIуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэр. НаIуэу зэбгратыкI хъыбархэм къыхощ урыс лIыкIуэр Бахърейным и пащтыхь Iэл Хъэлифэ Хьэмад бен Иса зэрыхуэзар. КъинэмыщIауэ, гъубжым Лавровыр IущIащ «Ислъамым зэкъуигъэува къэралхэр» зэгухьэныгъэм и нэхъыжь ТIахьа Хъусейн Ибрэхьим. Нэхъ щIэхъумауэ кърахьэкI хъыбарщ Сауд Хьэрыпыр зэкIэ къэралитхуу зэхэт БРИКС зэгухьэныгъэм хагъэхьэну зэрылъаIуэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы нобэкIэ хэтщ Бразилиер, Урысейр, Индиер, Китайр, ЮАР-р. Экономикэр и тегъэщIапIэу яухуауэ щыта мы зэгухьэныгъэм и къэкIуэнур, НАТО-м елъытауэ, мамырыгъэм нэхъ хуэунэтIащ. Украинэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр къызэрыхъейрэ, хьэрып къэралхэм США-ми жьэ ирамыту, итIанэми Урысейм и лъэныкъуэр нэхъ зэраIыгъыр ямыбзыщIу, къокIуэкI. «Дэ зы лъэныкъуэр дгъэкъуаншэу, адрейр дгъэзахуэу апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ диIэкъым, - жиIауэ щытащ и Iуэху еплъыкIэр къигъэнэIуэну хагъэзыхьа, Оманым и президент Iэл Бусэйди Бадр бен Хамад. – А гъуэгум утехьэмэ, Iуэхур икIэщIыпIэкIэ мамырыгъэм ешэлIэжа зэрыхъуну хэкIыпIэм утеплъэкъукIынурэ, псалъэм кIэ иIэнукъым». ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|