Шыгъажэ лъэхъэнэщIэр къызэIуах

Щэбэт кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэIуахащ шы­гъажэ лъэхъэнэщIэр. Дунейм и щытыкIэр уэл­банэрилэу зэрыщытым емылъытауэ Налшык и ип­подромым цIыхур изт. Республикэм и цIыхухэр хуэ­зэшат шыгъажэм. Къы­­хэдгъэщынщи, япэ шы­гъажэ махуэр купщIа­фIэ хъуащ. 

Псори зэхэту япэ шыгъа­жэ махуэм зэхьэзэхуибл екIуэ­кIащ. Ипэ жэщым ­къешха уэшхым сабалъэ лъагъуэр псыф ищIати къы­зэ­дэжэхэр жыджэру, гуащIэу екIуэкIащ. Гулъытэ хэха яхуэ­фащэт хабзэ ­хъуауэ сы­тым дежи ягъэ­джэгу са­у­гъэтхэм ехьэлIа зэпеуэхэм. 
ЛъэхъэнэщIэр къызэ­ры­зэIуахым и зэхьэзэхуэмкIэ ирагъэжьащ мы гъэм и къызэдэжэхэр. Абы щызэпеуащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Къызэдэжэм пашэныгъэр щиубыдащ Индарокъуэ Алихъан и шэщым къыщIаша Кинг Пауэр. «Донской» шы щагъэхъу за­водым къыщалъхуа хакIуэр къызэдэжэм щIимы­дзэ щIыкIэ нэхъ лъэщхэм хабжэрт. Абы игъэпэжащ къыхуаIэ гугъэхэр. Зэны­къуэкъуныгъэм и япэ секундым щегъэжьауэ и кIэм нэсыху абы гъунэгъу дыдэу яужь къитащ «Донской» шы заводым къыщалъхуа Ультиматум. Ещанэу къэсащ нэгъабэрей къызэ­дэжэхэм къарикIуамкIэ хакIуэ нэхъыфIу къалъытауэ щыта Юнкер. Метр 1800-м шэч къызытумыхьэн текIуэ­ныгъэ Кинг Пауэр щызы­Iэ­ригъэхьащ. АрщхьэкIэ къы­зэдэжэм и кIэухым ар къыхэзыгъэзыхьа Ультиматум и жыджэрагъым тепщIыхьмэ, «Анилинэ» зэ­пеуэм щытыкIэм зыщи­хъуэжынкIэ хъунущ. 
«Струна» саугъэтым щIэ­бэнащ япэу шыгъажэ лъэхъэнэм ипподромым и лъагъуэхэм къытехьа классическэ къызэдэжэм хэтынкIэ хъуну шыбзхэр. Зэхьэрхуэ­рэгъухэр гупышхуэ хъуртэкъым. Зэпеуэм щIимыдзэ щIыкIэ пашэу къалъытэрт Манн Яков и шэщым щыщ Осетинкэрэ Сэкрэкхэ я шы заводым и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ Рашен Мунрэ. ШитIри нэхъапэм хэтат хабзэ хъуауэ ягъэджэгу саугъэтхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм. Ауэ лъэхъэ­нэщIэм и пэщIэдзэм Рашен Мун нэхъ хуэхьэзыру къы­щIэкIащ. Къызэдэжэм зэ­рыщIидзэу и хьэрхуэрэгъу­хэм япэ ищащ Бахъуэ Мухьэмэд и гъэсэныр икIи финишым апхуэдэу нэсащ. Къыхэдгъэщынщи, Осетинкэм теса Каппушев Мыр­зэбэч елъытауэ Щоджэн Iэдэм зэ закъуи щIопщыр къищтакъым. Ещанэу къэса Мастери Леди Осетинкэм зыкъомкIэ къыкIэры­хуащ. Рашен Мун мыпхуэдэ текIуэныгъэшхуэ къызэрихьар щыхьэт тохъуэ щы­тыкIэфI иджыпсту зэритми, адэкIи плъапIэфIхэр зэ­риIэми. Ар хэтынущ ­«Ана­логичный» саугъэтми «Окс»-ми. Налшык ипподромым имызакъуэу нэ­гъуэщIыпIэхэми къыщыжэну къыщIэкIынщ. 
Хабзэ хъуауэ къыхалъхьэ зэпеуэхэр зэхуащIыжащ «ЩIэдзэкIэ» саугъэтымкIэ. Абы къыщызэдэжащ илъэсищым щIигъуа шыхэр. Зэхьэзэхуэхэм уахэплъэмэ, кIэух гъэщIэгъуэн зэры­щы­Iэнум шэч къытепхьэртэкъым. УпщIэ нэхъыщхьэу щытыр япэ къызэдэжэм дапхуэдизу хуэхьэзыр Манн Яков и шэщым щыщ Прауд Мейкер. КъызэрыщIэкIамкIэ, тренерыр щIэгузавэр лъаб­жьэншэтэкъым. 
Къызэдэжэм зэрыщIи­дзэу япэ ищащ Манн адрей и гъэсэн Глори Лайн. Япэ метрхэм къыщыщIэдзауэ абы жыджэрагъышхуэ къигъэлъагъуэрт. Финиш лъагъуэм ар и хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ ящхьэщыкIауэ те­хьат. Ауэ а зэманым Сыжажэ Тимур зытес Терек Стар гъунэмкIэ екIуэтэкIащ икIи зэщхьэщыкIыныгъэр игъэ­мэщIащ. Иужьрей метрхэм ар зыпкъкIэ щхьэ­щыкIыжащ Глори Лайн. Иужь къит и хьэрхуэрэгъум  зэрызричар зыхэ­зы­мы­щIа Глори Лай зыри хуэщIэжакъым. Ещанэу къэсащ финиш лъагъуэм къыщы­техьэм Терек Стар зэран къызыхуэхъуа Акцент. Абы теса Улубаев Хьэмзэт зэ­жьэхэуэ къимыгъэхъун папщIэ лъэныкъуэкIэ и шыр иригъэкIуэкIащ икIи те­кIуэныгъэр IэщIэкIащ. 
Псори зэхэту а махуэм екIуэ­кIащ шыгъажибл. Зэ­хьэзэхуэм и саугъэт фондыр сом мин 650-рэ хъууэ щытащ. 
Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.06.2023 - 12:25

ШХЭКIЭМИ МАРДЭ ИIЭЩ

«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэ­хьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ.

05.06.2023 - 09:25

САБИЙХЭМ ЯХУЭПЩI ГУЛЪЫТЭР КЪЭКIУЭНУМ И ГЪУАЗЭЩ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» респуб­ликэ социально-реабилитацэ центрым щы­Iащ.

05.06.2023 - 09:24

ГЪУЭГУМ И ПЛЪЫРХЭР

«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.

05.06.2023 - 09:24

ЯЛЪАГЪУМКIЭ АРЭЗЫУЭ, ЯФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНУ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэр

04.06.2023 - 17:01

ЛЪЭПКЪХЭР ЗЭРЫЗЭМЫЩХЬЫРЩ ЗЭКЪУЭЗЫГЪЭУВЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым.