|
Я МАХУЭШХУЭМ ТЕУХУА ЗЭПЕУЭ
5 мая, 2022 - 06:35
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэмрэ мафIэсым хэхуахэр къегъэлыным епха спортымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр наIуэ хъуащ. Ар хуэгъэпсат а спорт лIэужьыгъуэр зэрыщыIэрэ илъэс 85-рэ, Урысейм МафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 373-рэ зэрырикъум.
Я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр, я зэфIэкIыр мафIэс-къегъэлакIуэ часть №2-м щагъэлъэгъуащ а IэнатIэм пэрытхэм. Зэпеуэм хэтащ команди 10, спортсмен 50-м щIигъу къызэщIаубыдэу. А чемпионатыр илъэс къэс ирагъэкIуэкI икIи республикэм и мафIэсгъэункIыфIхэм я IэщIагъэм нэхъри зэрыхагъахъуэр абы къыщагъэлъагъуэ, щIэблэр а спортым хэшэнымкIи щхьэпэщ.
Зэхьэзэхуэм хэтахэр зэпеуащ 4-нэ къатым и щхьэгъубжэм пкIэлъейкIэ псынщIэу нэсынымкIэ. Дэтхэнэ Iыхьэми ахэр ерыщу, екIуу зыкъагъэлъагъуэу щызэхьэзэхуащ зы медани ямыгъэкIуэду. Спортсменхэм зэрыжаIащи, а лъэпощхьэпохэм уапэлъэщын папщIэ уемызэшу зыбгъэсэн хуейщ.
- МафIэс-къегъэлакIуэ спортыр мафIэсгъэункIыфIхэр я IэщIагъэм зэрыхуэпэжыр наIуэ къэзыщIщ. Илъэс къэс спортсменхэм я зэфIэкIым хохъуэ, абы къегъэлъагъуэ ди мафIэсгъэункIыфIхэр я къалэнхэр гъэзэщIэным сыт щыгъуи зэрыхуэхьэзырыр, я лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр, - къыхигъэщащ «Урысейм мафIэсым хэхуахэр къегъэлынымкIэ спортым и федерацэ» ООО-м и Къэбрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Хьэтыхъу Беслъэн.
ТекIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэм иратащ республикэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ и федерацэм къыбгъэдэкI кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ увыпIэхэр мыпхуэдэу трагуэшащ:
Щхьэзакъуэ зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ ШэмпIарэ Казбек (Налшык къалэ, СПСЧТКП), Абазэ Алим (Налшык къалэ и ПСЧ №2) етIуанэ увыпIэр къихьащ, ещанэ хъуащ Жэмыхъуэ Кушбий (СПСЧТКП, Налшык къалэ).
Гуп зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Налшык къалэм и мафIэсгъэункIыфIхэм. ЕтIуанэр лъысащ Прохладнэ къалэм и 23-нэ частым, Налшык къалэ и часть №2-р ещанэщ.
БЕР Къантемыр, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI
|
01.06.2023 - 15:02 «Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу. |
|
01.06.2023 - 10:01 «Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм. |
|
01.06.2023 - 10:01 Новеллэ
|
|
01.06.2023 - 09:03 Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щраг |
|
01.06.2023 - 09:03 Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ. |
|