КАДЕТХЭМ ЯХУОЗЭ

Мэлыжьыхьым и 19-м, илъэс 240-рэ ирикъуащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и юридическэ IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и правовой къудамэм и лэжьакIуэхэр а махуэ лъапIэм ирихьэлIэу щыIащ Налшык къалэм дэт, Калюжный Н. Г. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №7-м и кадет классым, щIэблэм хабзэм зэрыхащIыкIым храгъэгъэхъуэн, абы тетыным хуаущиин мурадкIэ.
Юрисконсультхэм ирагъэкIуэкIащ «КъикIуа илъэс 240-м къриубыдэу юридическэ къулыкъум Урысей МВД-м щиIа мыхьэнэр» семинарыр, апхуэдэуи зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ. Джэгу-зэпеуэхэм хэта кадетхэр командитIу ягуэшат - «Гром», «Кадетхэр» фIэщыгъэхэр яIэу, езы зэпеуэри IыхьиплI хъурт - «Псалъэзэблэдзыр къащIэ», «Судым и сыхьэт», «Сыт хуэдэ скульптурэ», «Званиер зыхуэдэр къащIэ». ГупитIми лъэщу зыкъагъэлъэгъуащ, ауэ правовой къудамэм и лэжьакIуэхэм Iуэхум кърикIуахэр къызэщIакъуэжри, «Гром» командэм бжьыпэр хуагъэфэщащ. Абы зэрытекIуам и щыхьэт тхылъыр иратащ, апхуэдэуи зэпеуэм хэтахэм IэфIыкIэхэр хуагуэшащ.
ЕджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым хэт ЦIыпIынэ Заремэ жиIащ полицэм и лэжьакIуэхэм щахуэзэкIэ ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжыр къызэриIэтыр, сыт щыгъуи щIэ гуэрхэр, гъэщIэгъуэнхэр къызэращIэр.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ