Сымаджэщхэм къыхуащэху

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектымкIэ «Нива», «Гранта» автомобилу 16 къищэхуащ. Ахэр яIэрыхьэнущ республикэм и райони 7-м хыхьэ къуа­жэхэм дэт амбулаторэхэмрэ ФАП-хэмрэ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу а Iуэхум хухахащ сом мелуани 10,8-рэ. 

Машинэхэр къагъэсэбэпынущ икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сымаджэхэм я унэм участковэ дохутырхэр щыкIуэкIэ. Апхуэдэуи а автомобилхэмкIэ республикэм и къуажэ пхыдзахэм щыпсэухэу зи узыншагъэм нэхъ куууэ кIэлъыгъэплъын хуейхэр район сымаджэщхэм ирагъэшэнущ. 
Прохладнэ районым и медицинэ IуэхущIапIэхэм яIэры­хьэнущ автомобили 5, Бахъсэн щIыналъэм - 4, Шэджэм, Аруан куейхэм - тIурытI, Лэскэн, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ   районхэм - зырыз.
ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ