Бзэр - псэм и мылъку гъэтIылъыпIэщ, лIэщIыгъуэ куэдкIэ цIыхум зэхуихьэсам и хъумапIэщ. Хьэуэ, ар ахъшэкъым, мывэ лъапIэкъым. Абы и лъапIэныгъэр нэгъуэщIщ: макъамэу зэхэпх псалъэхэрщ, уэрэду къэIу псалъэ пычыгъуэхэрщ. Лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, губжьым и псалъэхэрщ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм я псалъэхэрщ. Абы нэмыщIу Iущыгъэ ин зыщIэлъ жыIэгъуэхэрщ, псалъэжьхэрщ, пэж куэд къэзыIуатэ гушыIэ хъыбархэрщ. АдэкIэ къеббжэкIмэ, уи гум хыхьэ усэхэрщ, уэрэдхэрщ, тхылъ Iущхэрщ. Ар псори бзэм и мылъкущ.
ХамэщI щыпсэу цIыхум и дежкIэ сыту гуфIэгъуэшхуэ и анэдэлъхубзэр зэхихыныр! Зы анэбзэ псалъэм и къару илъщ уигъэхъужыну, уи гур къиIэтыну, уи гъащIэм гуфIэгъуэ къыхихьэну.
Бзэ, сыту куэд пхузэфIэкIрэ! Уи мыцIыхугъэр ныбжьэгъу бощIыф, цIыхухэр зэкъубогъэувэф, лъэпкъым къару ин хыболъхьэ. Ауэ, махуэ къэс бзэр къагъэсэбэпми, куэдрэ къохъу цIыхум абы хуэфащэ пщIэ хуимыщIу. Хамэбзэм къыхэкIа псалъэ куэдкIэ ар якудэ. Абы къыдэкIуэу, лъэпкъым и мылъку хъумапIэм хадз уасэшхуэ зиIэ, лIэщIыгъуэ мымащIэ зи ныбжь Iущыгъэхэр. И нэхъыбэм цIыхум и бзэр игъэлъэпIэн щыщIидзэр хамэщI къыщыщыхутэм дежщ.
Уи щIыгум къытеуэу ар зыубыдахэр псом япэу иужь йохьэ бзэр ягъэкIуэдыным. Сыт щхьэкIэ? Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Нэхъ лъапIэу иIэр трахри, и щIыгум хамэр тепщэ щохъу. Бзэр зыфIэкIуэда лъэпкъымрэ псэншэ, лъапсэншэ цIыхумрэ зэщхьщ. Апхуэдэ цIыхум лъапIэныгъэ иIэкъым, ар зыми епхакъым.
Бзэншэ лъэпкъыр щIэщIыкI зимыIэ унэм ещхьщ. Жьыбгъэ къепщамэ, унэр зэтощащэ. ЦIыхухэри апхуэдабзэщ - зэбгрощэщ. Анэдэлъхубзэ! Лъэпкъым урипсэщ Уэ! ИгъащIэкIи дунейм утетын, лIэщIыгъуэхэм уапхыкIын папщIэ, утхъумэнущ, ди Бзэ дыщэ!
КЪЭБАРТ Мирэ.