ПСЫМРЭ МАФIЭМРЭ ЗЫЩЫХЪУМЭНЫМ ХУЭХЬЭЗЫРЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Абы кърихьэлIащ Урысей Фе­дерацэм Граждан зыхъумэ­жыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къы­зэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужь­хэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Чуприян Александр, Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм Кавказым щиIэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Цалиев Алан, ЩIыр къэгъэсэбэпынымкIэ федеральнэ къулыкъум Кавказ Ищхъэрэм щиIэ щIыналъэ зэхуаку IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ярмолич Наталье, Рослесхозым Ипщэ федеральнэ щIыналъэм Мэз IэнатIэмкIэ щиIэ департаментым и унафэщI Костенич Пётр сымэ, нэгъуэщI­хэри. Ахэр тепсэлъыхьащ ­КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм мафIэс шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Iэмалхэр къэгъэсэбэпыным, уэсым и ткIужыгъуэм къызэ­рымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным егугъуным.
Чайкэ Юрий къыхигъэщащ УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым уэсукхъуэр къемыгъэ­хынымкIэ, абы и лъэужьыр гъэзэкIуэжынымкIэ, щIыуэпс ма­фIэсхэр къэмыгъэхъунымкIэ ищIа унафэр къэрал къулыкъущIапIэхэм хъарзынэу зэрагъэзэщIам къыхэкIыу ­КИФЩI-м и хэгъэгухэм щыIэ мэзхэм къыщыхъуа мафIэсхэр 2021 гъэм тхукIэ нэхъ мащIэ зэры­хъуар. Апхуэдэу 2020 гъэм - мафIэс 37-рэ, 2021 гъэм 6 ятхащ. МафIэс здэщыIа щIыр нэхъапэм гектар 467-рэ хъууэ щытамэ, иджы гектар 19,5-м лъэIэсауэ аращ. Уэсукхъуэр къыщехкIэ къишэ гузэвэ­гъуэхэри нэхъ мащIэ хъуащ, цIыху хэкIуэдакъым, куэд икъутакъым. 2021 гъэм дунейм и щытыкIэмрэ уэшхыш­хуэхэмрэ кърикIуа хэщIыныгъэхэр сом мелуан 12 и уасэ ­мэхъу. 
УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэм къыхигъэбелджылыкIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъу хъужыкъуэмэ, цIыхухэм икIэщIыпIэкIэ хъыбар зэрырагъащIэ Iэмалхэр зэтеублауэ, шынагъуэ къэмыгъэхъу­ным кIэ­лъыплъу, щытыкIэм къиша лъэужьхэр и чэзум гъэ­зэ­кIуэжыныр япэ ирагъэщу ар зи нэIэ щIэтхэр лэжьэн зэры­хуейр. КИФЩI-м и унафэщIхэм я пщэ­рылъщ апхуэдэ къэхъу­къа­щIэ­хэм цIыхухэр щахъумэныр, мафIэсхэр къамыгъэхъуныр, уэс­укхъуэм къишэ щытыкIэ шынагъуэхэм хуэсакъыныр.
ЗэIущIэм кърикIуахэр щы­зэпкърихым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ социальнэ сетхэмкIэ цIыхухэм хъыбар псори зэра­Iэрыхьэр. А Iуэхум теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ къызэгъэпэща щокIуэкI, «Экология» лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ къагъэувхэр ягъэзащIэу. Псы Iуфэхэр зэрагъэбыда Iэмалхэр, лъэмыжхэм я щытыкIэр, псым ехьэлIа нэ­гъуэщI ухуэныгъэхэр зэрыла­жьэр къепщытэ къэрал къулы­къу­щIапIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм я лIыкIуэхэр зыхэт комис­сэм. 
2022 гъэм апхуэдэ Iуэхухэр нэхъ зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным сом мелуан 52-рэ хухахынущ. Джэрпэджэж къуа­жэр псым имыхьын папщIэ, Хеу псы Iуфэр зыхуей хуагъэзэнущ, Малкэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр щагъэбыдэнущ Прохладнэ и Iэгъуэблагъэм, Нал­шыкыпсыр «Коммунальник» дачэ жылэмрэ Белэ Речкэ къуажэмрэ зэран хуэмыхъун хуэдэу елэжьынущ, апхуэдэуи Шэрэджыпсым Псынабэрэ Октябрьскэмрэ (Май щIыналъэ) щызыхъумэ ухуэныгъэхэр ящIы­нущ. Лэжьыгъэ щекIуэкIынухэм ящыщщ Тырныауз дэкI Бахъсэн псыхъуэри. 
Мы Iуэхум теухуауэ нэгъабэ куэд зэрызэфIагъэкIари жиIащ КIуэкIуэм. КъБР-м ЩIы­уэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэмрэ эколо­гием­кIэ и министерствэм Шэ­рэджрэ Бахъсэнрэ къимыун, Октябрьскэмрэ Тырныаузрэ псы дэмыуэн, Зеикъуэ зэран хуэмыхъун папщIэ зыхуей хуа­гъэзащ. Герхожан-Суу псыр къуа­жэхэм тэмэму дэжын хуэ­дэу псыхъуэхэр ягъэкъэбзащ. Ста­рэ Шэрэджрэ Шэрэдж Ищхъэрэрэ я зэхуакум псы Iуфэхэр щагъэбыдащ, ар километр ­1,2-рэ мэхъу.
МафIэс нэхъ къыщыхъу мазэ­хэми ди хэгъэгур зэры­хуэхьэзырыр жиIащ Iэтащхьэм. Мэлыжьыхьым щегъэжьауэ жэ­пуэгъуэ пщIондэ щыIэщ апхуэдэ шынагъуэ. МафIэс къэ­мыгъэхъуным мы гъэм сом мел­уан 34-рэ трагъэкIуэдэнущ. Ди щIыналъэм иIэщ абы зэ­ры­пэщIэтын техники, мэз Iэгъуэб­лагъэр зи нэIэ щIэт брига­дэхэри. ИкIи а щIыпIэхэм ­зэры­щылэжьэнум зыхуагъэ­хьэ­зы­ращ, мафIэс къэхъу хъу­жы­къуэмэ, псы къыздрашыну псыхъумапIэхэр яубзыхуащ, зэрекIуэлIэну гъуэгухэр ягъэ­нэIуащ, къалэдэсхэм зыщагъэпсэху хъуну щIыпIэ 300-р зыхуей хуагъэзащ. «ЦIыхухэм яхэлъ жэуаплыныгъэми куэд елъытащ мэзхэм мафIэс къы­щымыхъунымкIэ», - дыщIи­гъуащ КIуэкIуэ Казбек. 

 

 

Шыпш Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ