ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Черкесск къалэм дэт «Юбилейный» спортымкIэ уардэунэм и алэрыбгъухэм щызэхуэсащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIауэ зи ныбжьыр илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ I7-м нэблагъэ спортсмен 500-м щIигъу.
Зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 24-рэ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм. Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 33-рэ), Бекъул Миланэ (кг 44-рэ), Геграевэ Даринэ (кг 44-рэ), Къэзанш Даринэ (кг 49-рэ), КIэблахъуэ Рузанэ (кг 55-рэ), Усен Дамир (кг 41I-рэ), Щокъуий Ислъам (кг 51-рэ), Багъ Идар (кг 55-рэ), Жылау Андемыркъан (кг 73-рэ).
Илъэс 10-11 зи ныбжьхэм я деж Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм къыщахьащ псори зэхэту медаль 12, абыхэм ящыщу 5-р дыщэщ.
Япэ увыпIэхэр яубыдащ Елгъэр Алинэ (кг 26-рэ), Теувэжыкъуэ Руслъан (кг 28-рэ), Малкандуев Дамир (кг 32-рэ), Щоджэн Басир (кг 34-рэ), Коробкэ Александр (кг 4I-рэ).
Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абдельджабаррэ, Тикаев Индрис, Хъан Станислав, Хъурей Беслъэн, БжэныкIэхэ Рахимрэ Резуанрэ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ