|
Статьи на кабардинском языке
27 февраля, 2024 - 07:01
«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ.
27 февраля, 2024 - 06:03
Ди зэманым космическэ кхъухьхэр щыIэщ куэду. Абыхэм хьэлъэ кърашэкI, цIыху ису хьэршым мэлъатэ. Щыгъуазэ щIагъуэ щыIэкъым япэу цIыхур хьэршым лъэтэным илъэс 400-кIэ и пэ къихуэу япэрей ракетэ къагупсысауэ зэрыщытам. ЩIэныгъэлIхэм къагъуэтыжащ ракетэм и ухуэныгъэр къыщыгъэлъэгъуа эскиз зэхэгъэувахэр зэрыт пасэрей дыдэ Iэрытх.
27 февраля, 2024 - 05:06
Таурыхъ
Зэадэзэкъуэ псэурт. ЩIалэм ныбжьэгъу куэд иIэти, пщыхьэщхьэ къэс ешхэ-ефэ ящIырт. Ауэрэ лIыжьым и мылъкур лъащIэм нагъэсащ. «Уи ныбжьэгъухэр къомышэ» жиIэуи и къуэм жриIэфыртэкъым, и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ.
Еуэри зы пщыхьэщхьэ гуэрым щIалэм и ныбжьэгъухэр ефэщ, къафэщ, джэгури щIэкIыжауэ, адэм и къуэм зыхуигъэзащ:
26 февраля, 2024 - 12:06
ЩIыпIэ телъыджэхэмкIэ гъэнщIащ Абхъаз щIыналъэр. Абы и Iыхьэ щанитIыр бгылъэщи, Абхъаз Альпхэр фIащауэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ.
26 февраля, 2024 - 09:49
КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Лабэ. Абы и тIуащIэхэу Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ зыдэтхэр щIыпIаплъэхэм къызэрагъэунэхурэ куэд щIащ.
26 февраля, 2024 - 06:03
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ школыщIэ къыщызэIуаха Прохладнэ, Сэрмакъ къуажэхэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
26 февраля, 2024 - 06:03
ЛIыхъужьыгъэ нэсрэ хахуагъэ инрэ зыхэлъ, захуагъэмрэ пэжымрэ зи гъуэгугъэлъагъуэ икIи абыхэм я телъхьэ лъэпкъ уардэущ адыгэхэр дуней псом игъащIэми къызэрыщацIыхур. Лъэпкъыр зэрыщыIэрэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ, гугъуехьрэ гуауэ куэдрэ игъэващ, иIащ дэрэжэгъуэ щигъуэт, гуфIэгъуэшхуэм щызэщIищтэ зэманхэри.
26 февраля, 2024 - 06:03
Дунейпсо тхыдэм и напэкIуэцIхэр гъэнщIащ зи мыхьэнэкIи купщIэкIи зэмылIэужьыгъуэу щыт Iуэхугъуэ куэдкIэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа къэхъукъащIэхэм я нэхъыбапIэр епхащ цIыхубэм (е цIыху щхьэхуэм) зэрахьа лIыгъэм, яхэлъа хахуагъэм.
26 февраля, 2024 - 06:03
«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу зэфIагъэкIынухэм къыхуаутIыпща мылъкум щыщкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэ Тегенекли къуажэм иджыблагъэ щагъэуващ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъуу унэхэм хуэдэу плIы.
24 февраля, 2024 - 12:02
Ди къэралым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ, «ЩIымахуэ Мэзкуу» фIащауэ. Абы хэтащ Урысейм и спортсмен 300-м нэблагъэ.
Страницы
|