|
Статьи на кабардинском языке
2 марта, 2024 - 06:03
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпионат иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ цIыхухъу балигъхэр икIи зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ щIыналъэхэм я лIыкIуэу бэнакIуэ 240-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу килограмм 79-рэ хъухэм я деж щыбанэ Хьэтанэ Идар ещIанэ увыпIэр къихьащ. Къэрэшей Азрэт килограмм 86-м етхуанэ щыхъуащ.
1 марта, 2024 - 06:03
Бахъсэн щIыналъэм щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ илъэси 8 - 14 зи ныбжь хъыджэбз, щIалэ цIыкIухэр.
29 февраля, 2024 - 13:24
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр мы дакъикъэхэм иухащ. Сыт щыгъуи xyэдэу къэрал Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм нэхъыщхьэу къыщыхигъэщащ ди зыужьыныгъэр зыхуэдэнур, абы дызэрыхуэкIуэну Iэмалхэмрэ гъуэгухэмрэ.
29 февраля, 2024 - 06:08
ПсэукIэм зиужьын, цIыхур щыIэн папщIэ, электрокъару, хуабэ, уэздыгъэ хуейщ. КIэрыхубжьэрыхури, псыри, химие пкъыгъуэхэри, дыгъэри, жьыбгъэри къигъэсэбэпурэ, цIыхум а псори дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым къыпкърех.
29 февраля, 2024 - 06:08
Къэбэрдей-Балъкъэрым электрокъару зэрыкIуэ кIапсэу, абыхэм киловатту яIыгъым и куэдагъым емылъытауэ, псори зэхэту километри 153,7-рэ блэкIа илъэсым къриубыдэу зэрихъуэкIащ «Россети Северный Кавказ»-м.
28 февраля, 2024 - 09:25
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ-щIыпIэкIэ гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ. Гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм я нэхъыбэр зэрыарэзым и гугъу нэхъапэкIэ къытредгъэдза тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыжытIащ.
28 февраля, 2024 - 06:03
ЦIыхум и гъащIэр иригъэтыншыну Iэмэпсымэ куэд къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, зэманыр зэрыпибжыкI Iэмалхэр. Пасэрейм япэ щIыкIэ гъэр зэманкIэ игуэшащ, зы зэманыр мазэ бжыгъэкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ, икIэм-икIэжым, махуэр сыхьэт бжыгъэкIэ игуэшыжри, зэманыр къызэрилъытэ Iэпщэ, блын сыхьэтхэр къигупсысыжащ.
28 февраля, 2024 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыналъэ 11-м къикIауэ хъыджэбз, щIалэ цIыкIу миным щIигъу щIэбэнащ «Налшык» спорт комплексым и саугъэтым.
27 февраля, 2024 - 12:02
КIэрыхубжьэрыхухэм теухуауэ, Арктикэм хабзэншагъэ къыщокIуэкI. А щIыпIэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, яхуэмыгъэзэкIуэжыным хуэдизу щIыуэпсым егуэуащ. Зэран хъум и зэхуэдитIыр къызыпкъырыкIыр Норильск агломерациеращ, адрейр Сыбыр КъухьэпIэм гъэсыныпхъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэращ. Мы Iуэхум теухуауэ судым иск бжыгъэншэхэр щIэлъщ, цIыху 840-м жэуап яхьыну суд пащхьэ ирашащ.
27 февраля, 2024 - 07:01
«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ.
Страницы
|