ТУРИСТХЭР КЪЫДАХЬЭХ

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу зэфIагъэкIынухэм къыхуаутIыпща мылъкум щыщкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэ Тегенекли къуажэм иджыблагъэ щагъэуващ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъуу унэхэм хуэдэу плIы.

Унэхэр я теплъэкIэ плIимэу шытщ икIи цIыхуиплI зэуэ тыншу щIэхуэнущ, къурш щIыпIэм ущыпсэун папщIи зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэпэщщ: лъэгур къэбгъэплъ мэхъу, пщэфIапIэр къызыхуэтыншэщ, унэлъащIэхэмкIи дэбгъуэн щыIэкъым. Абы нэмыщI, машинэ гъэувыпIэхэр, сабийхэм я джэгупIэхэр къыхэгъэщхьэхукIащ, щIыбым удэсу, жьы къабзэм ухэсу зыбгъэпсэхуныр нэхъ къапщтэмэ, апхуэдэ щIыпIи иIэщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэр 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлажьэ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ